Календарь событий

29 августа 2021

Гулджан къызыхэкIар зэи щыгъупщэркъым

Тырку Республикэм щыцIэрыIуэ уэрэ­джы­IакIуэ Алтан (Бэгъущэ) Гулджан (Gulcan) и цIэр зэхэзымыха зы адыги щыIэу къыщIэкIын-къым. Иджыпсту псоми тIэщIэлъ гаджетхэр сэбэп мэхъу ди лъэпкъэгъухэм хамэ къэралхэм щаIэ псэукIэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ къэт­щIэнымкIэ. Гулджан Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иджыблагъэ кърилъхьа видео теп­лъэгъуэм иджыри зэ ди гур хигъэхъуащ. Адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIа ныбжьыщIэ цIы­кIухэр щIыгъуу адыгэ уэрэдхэр концертым щыжиIащ.
 

Хуабэщ инхэр щащIынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Шэджэм щIыналъэм щыIащ. ХадэхэкI щагъэкIыну ­хуабэщхэр щащIыну щIыпIэм деж дыгъуасэ къулыкъущIэхэм щагъэтIылъащ япэ мывэр.

Гъуэгу ухуэнымкIэ зи Iуэху нэхъ зэпэщхэм хабжэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIы­налъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиу­мым и зи чэзу зэIущIэу УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат шыщхьэуIум и ­26-м иригъэкIуэкIам.