|
Календарь событий
30 августа 2021
30 августа, 2021 - 18:29
Иужьрей илъэсхэм щIэныгъэлIхэр топсэлъыхь Кавказ Ищхъэрэм и псы хущхъуэхэм ягъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм. Псом ящхьэр псым хэлъ хущхъуэгъуэхэр хъумэнырщ.
30 августа, 2021 - 17:00
Бекъул Iэниуар и «Принт центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIащ егъэджакIуэ, тхакIуэ Багъ Марьямрэ абы ипхъу дизайнер ГъущIапщэ-Къандур Томэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа карточкэхэр. КъыдэкIыгъуэ щхъуэкIэплъыкIэр яхуэгъэзащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэмрэ курыт еджапIэм и пэщIэдзэ классхэм щIэсхэмрэ.
30 августа, 2021 - 16:10
♦Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэм я фэеплъ махуэщ
♦Тэтэрстан Республикэм и махуэщ. 1990 гъэм Тэтэрстан Республикэм и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр къащтащ.
♦Къэзахъстан Республикэм и Конституцэм и махуэщ
♦Тыркум щагъэлъапIэ текIуэныгъэм и махуэр
1703 гъэм Петербург и тхыдэм щыяпэу абы псыдзэ щIэуащ. Сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу псым метритIым щIигъукIэ зыкъиIэтат.
♦1730 гъэм Черкасский Алексей пщым Невский Александр и орденыр къратащ.
30 августа, 2021 - 15:15
Къэралым къыщалъыхъуэрт
Урысей МВД-м и Упрвленэу Налшык къалэ щыIэм и лэжьакIуэхэм 2021 гъэм шыщхьэуIум и 17-м яубыдащ къэралым къыщалъыхъуэ, Дзэлыкъуэ районым щыпсэу, илъэс 35-рэ зи ныбжь цIыхухъур, дыгъуауэ шэч зыхуащIыр.
Ар къэзылъыхъуэм хъыбар ирагъэщIащ
30 августа, 2021 - 14:28
УФ-м и цIыхубэ, КъБР-м щIыхь зиIэ я сурэтыщI, республикэм и Къэрал саугъэтым и лауреат, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспондент, ЩIДАА-м и академик, Красноярск КсилографиемкIэ щыIэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, профессор Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу творческэ пшыхь иджыблагъэ къыщыхузэрагъэпэщащ Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм.
30 августа, 2021 - 13:45
КъБР-м щыIэ МВД-м щызэхалъхьэжащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI «Iущхьэ-2021» профилактикэ лэжьыгъэм и япэ Iихьищым кърикIуахэр.
30 августа, 2021 - 13:05
«Демография» лъэпкъ проектым и «Спорт – норма жизни» федеральнэ Iыхьэм хиубыдэу, «Лига здоровья нации» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм УФ-м СпортымкIэ и минитерствэм къыдиIыгъыу къызэрегъэпэщ «Человек идущий» къэкIухьынымкIэ къэралпсо зэхьэзэхуэхэр. Гуп щхьэхуэ зэхуашэсыурэ абы хэтыну Iэмал яIэщ дэтхэнэри.
30 августа, 2021 - 12:25
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм илъэситI лъандэрэ щолажьэ «Къуажэ егъэджакIуэ» программэр. Абы ипкъ иткIэ зэпеуэр ирегъэкIуэкI КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм.
30 августа, 2021 - 11:30
Адыгэм и тхыдэм къыхэщыж Iуэхугъуэ гуузхэм ижь зыщIихуахэм ящыщщ Истамбыл щыпсэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Хасащхьэм хэт, адыгэ уэрэдыжьхэмрэ макъамэхэмрэ зэхуэхьэсыжыным, гъэзэщIэным куэд щIауэ дихьэх, хэкурысхэми хамэ щIыпIэ щыпсэухэми фIы дыдэу яцIыху, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къущхьэ Догъэн.
|