|
Календарь событий
02 сентября 2021
2 сентября, 2021 - 16:39
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденыр хуагъэфэщащ иджыблагъэ Токио щекIуэкIа Гъэмахуэ Олимп джэгухэм лъагэу дэлъеинымкIэ цIыхубзхэм я зэпеуэм щытекIуа Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Ласицкене (Кучинэ) Марие.
2 сентября, 2021 - 15:17
♦ЕтIуанэ дунейпсо зауэр щиуха махуэщ. Абы и щыхьэту, 1945 гъэм США-м и «Миссури» кхъухьым Iэ щытрадзащ Японием зэрызитым теухуа дэфтэрым.
2 сентября, 2021 - 14:30
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр игъэбжьыфIэрэ адыгэ лъэпкъым набдзэ хуэхъуу, илъэс 80-м щIигъуауэ мэлажьэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрыр.
2 сентября, 2021 - 13:45
Хабзэ дахэ зэрыхъуащи, зи зэфIэкIрэ зи гуащIэрэ цIыхубэм я пащхьэ изылъхьэ гъуазджэ лэжьакIуэхэм ирагъэкIуэкI гъэлъэгъуэныгъэхэм иужькIэ я IэдакъэщIэкIхэм дихьэххэм зыIуагъэщIэж, я гугъэмрэ мурадхэмкIэ ядогуашэ, зытет дунеймрэ зыхэпсэукI гъащIэмрэ ехьэлIауэ кърат упщIэхэм я жэуапхэр иратыж.
2 сентября, 2021 - 12:35
Ухуэныгъэ
Александровскэ станицэм бжьамийхэр щахъуэж
«Псы къабзэ» къэрал проектым з ипкъ иткIэ Александровскэ станицэм псы бжьамиищIэхэр щаукъуэдий. Ар езыгъэщIыр Май муниципальнэ щIыналъэрщ.
БжьамиищIэхэр далъхьэнущ километри 8,5-м нэблагъэм. Ухуэныгъэм къыщагъэсэбэпынущ иджырей пщалъэм изагъэу щIа, псы уэру къаутIыпщми, ар зыхуэIыгъыну, полиэтиленым къыхэщIыкIа бжьамийхэр. Апхуэдэуи зи гугъу тщIы бжьамийхэр улъиинукъым, псым и щытыкIэми зимыхъуэжу цIыхухэм яIэрыхьэнущ.
2 сентября, 2021 - 11:48
ФIэщыгъэр кIэрыпщIащ урысхэм мы щIыпIэм щаухуа къуажэм, абы къыщхьэщыт, метр 743-рэ зи лъагагъ Iуащхьэм, натхъуэдж адыгэ лIакъуэм щыщ цIыхухэр зыдэса тIуащIэм, Геленджикрэ (ХъупIэжьий) Архипо-Осиповкэрэ зэпызыщIэ щхьэдэхыпIэмрэ абдежым гъунэгъуу щежэх псы цIыкIумрэ (иужьрейм «Дуаб»-кIи еджэу щытащ).
2 сентября, 2021 - 11:15
Ди зэманым и нэщэнэфIхэм ящыщщ иджыри къэс къалэшхуэхэм щыпсэуа щIалэгъуалэм Хэкум лъапсэ щаухуэжыныр нэхъ кърагъэзэгъыу зэрыхъуар. Абы и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэуи ягъэувыр къащIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэ зэрамыщIэрщ.
2 сентября, 2021 - 10:05
Налшык дэт Универсальнэ спорт комплексым щекIуэкIащ «Кубок вызова - Локомотив» стIолыщхьэ теннисымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.
|