|
Календарь событий
03 сентября 2021
3 сентября, 2021 - 18:23
2021 гъэр Урысейм щIэныгъэм и илъэсу ягъэуващ. Абы нэхъри гулъытэ яхудегъэщI щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэм, щIэныгъэм и гъуэгум тет щIалэгъуалэм. Ди республикэм щагъэуващ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр. Ар хуагъэфэщащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэу тхум. Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI Хьэвжокъуэ Людмилэ абыхэм ящыщщ. Хьэвжокъуэм лэжьыгъэ куэд триухуащ лъэпкъ усыгъэм и щэхухэм.
3 сентября, 2021 - 17:19
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ УФ-м и Президентым и деж граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ цIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ щылажьэ советым хэт, Лышх узыфэхэр зыпкърыт сымаджэхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъу «Здравствуй» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Борововэ Иринэрэ а IуэхущIапIэм КИФЩI-м щиIэ и жылагъуэ къудамэхэм я нэхъыщхьэ, «Светлячок» фIэщыгъэр зиIэ онкоблогер цIэрыIуэ Келехсаевэ Оксанэрэ.
3 сентября, 2021 - 17:19
Егъэджэныгъэр зызыужь, зызыхъуэж Iуэху зехьэкIэщIэ куэд махуэ къэс къызыхыхьэ IэнатIэщ. Мыгъэрей гъэ еджэгъуэщIэри блэкIахэм къахощ апхуэдэ щIэщыгъуэхэмкIэ.
3 сентября, 2021 - 16:21
Налшык щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и лъэпкъ гвардием самбомкIэ и Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием, Дагъыстэным, Шэшэным, Ингушым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэр.
3 сентября, 2021 - 16:21
Эстонием и къалащхьэ Таллин щекIуэкIащ тхэковондомкIэ (WTF) Европэм и щIалэгъуалэ зэхьэзэхуэ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 52-м нэблагъэхэм я гупым къыщыхах Iыхьэр къызэзынэкIа Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Бекъул Миланэ финал ныкъуэ зэпэщIэтыныгъэм щыIущIащ Медведевэ Ларисэ. Балигъхэм я деж Урысейм и иджырей чемпионыр хигъащIэри ди лъэпкъэгъур финалым нэсащ.
КIэух зэIущIэм Миланэ зымащIэкIэ (I5:I7-уэ) къыщефIэкIащ Италием и лIыкIуэр икIи дыжьын медалыр къыхуагъэфэщащ.
3 сентября, 2021 - 15:17
Мэзкуу областым хыхьэ Одинцовэ къалэм щекIуэкIащ тэмэму зэхэзымыххэм тхэкводомкIэ я урысейпсо чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсменхэри.
И хьэрхуэхрэгъухэм шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэ къафIэзыхьа зи хьэлъагъыр килограмм 49-м нэблагъэ СатIушы Мадинэ зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ. Апхуэдэ дыдэу, япэ зыри иригъэщакъым килограмм 67-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Жылэ Татьянэ икIи пашэныгъэр иубыдащ.
3 сентября, 2021 - 15:14
«Налшык» аэропортым къыщрагъэблэгъэжащ Польшэм атлетикэ хьэлъэмкIэ щекIуэкIа ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэм дыщэ медалыр къыщызыхьа Скрипко Аланэрэ домбеякъыр зыIэрызыгъэхьа Богатырёв Тауланрэ Гулиев Тамерланрэ.
ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIащ республикэм и спорт зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, спортсменхэм я Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр. Штангистхэм я ехъулIэныгъэмкIэ къехъуэхъуну аэропортым къэкIуащ КъБР-м спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэн. ТекIуэныгъэр къэзыхьамрэ къыхэжаныкIахэмрэ папщIэ аэропорт утыкум къыщызэрагъэпэщащ джэгу, артистхэм уэрэд щыжаIащ.
3 сентября, 2021 - 14:11
Мы тхыгъэм зи гугъу щытщI жыIэкIэ зыбжанэмрэ абыхэм къарыкIымрэ, къызэрыщыхьа дыдэм хуэдэу, дэ къитхыжащ Шэрджэс Алий и тхылъ телъыджэу «Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» зыфIищам, Налшык къалэ 2009 гъэм къыщыдэкIам:
Абрагъу гъунэ – уафэ гъунэ (щIэплъыпIэ, горизонт);
Агъу – псы ежэхыр зыгуэрым щыхэхуэж щIыпIэ (псышхуэм, хым);
Афэ кIуасэ – афэ джанэм апхуэдэуи еджэрт, зымащIэкIэ егъэзыхыгъуэ игъуэтауэ ягъэтIылъамэ, зэтежурэ, ехуэх щIыкIэу, «кIуасэти»;
3 сентября, 2021 - 13:12
Урысей МЧС-м и управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм кIэлъыплъыныгъэ, профилактикэ лэжьыгъэмкIэ и IуэхущIапIэм и къулыкъущIэхэм гъэ еджэгъуэщIэм щыщIидзэжым ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и еджапIэхэр, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэр, псори 653-рэ мэхъу - къапщытащ.
Налшык къалэ дэт курыт еджапIэ №32-м щыкIуам егъэджакIуэхэмрэ школым и администрацэмрэ псалъэмакъ, чэнджэщ щхьэпэхэр драгъэкIуэкIащ. МафIэс къэхъу хъужыкъуэмэ ящIэн хуейр гурагъэIуащ, апхуэдэуи цIыхухэм хъыбар зэрырагъащIэ Iэмэпсымэхэр зэрызэтеухуами кIэлъыплъащ.
3 сентября, 2021 - 12:15
Бытырбыху дэт «Нестор-История» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ адыгэ тхыдэ щIэныгъэм куэд щIауэ зи цIэ щыIуа, КъШР-м щыщ щIэныгъэрылажьэ Уэз ФатIимэ и тхылъыщIэ: «Анэмэт Iуэхугъуэм шэрджэс-урысей зэхущытыкIэм щиубыд увыпIэр: 1552-1829 гъгъ.» («Институт аманатства в черкесско-российских отношениях 1552-1829 гг.). Лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэхъуащ бзылъхугъэ зэчиифIэм и доктор диссертацэр.
3 сентября, 2021 - 11:55
Егъэджэныгъэ Iуэхум щаIэ ехъулIэныгъэхэм папщIэ 2021 гъэм егъэджакIуэ нэхъыфIу къалъыта, ахъшэ саугъэт зыхуагъэфэща цIыхуи 8-м ящыщщ Сокъур Иннэ. Ар Налшык къалэм дэт гимназие №I4-м инджылызыбзэмкIэ и егъэджакIуэщ.
|