Календарь событий

05 сентября 2021

Гумрэ псэмрэ зыгъэпIейтей

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ гъэ еджэгъуэщIэм хуэщIа гуфIэгъуэ зэхыхьэу Шэрэдж районым хыхьэ Жэмтхьэлэ Ипщэм щызэхашам. ЩIыналъэ администрацэм и унафэщI Муртазов Борис и гъусэу ар яхуэзащ Чубаков Алий и цIэр зэрихьэу жылэм дэт курыт школым и егъэджакIуэхэмрэ езанэ классым щIэ­тIысхьахэмрэ.

Угъурлыуэ къытхущIэкIыну!

КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм дэщIыгъуу фокIадэм и 1-м ди республикэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри. Гухэхъуэт а пщэдджыжьыр. ДэнэкIи хуэдэу, ди щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм къыдыхьат удз­ гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьы­щIэхэр. Ахэр хуэпIащIэрт я школхэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм. Псом хуэдэжтэкъым махуэш­хуэр нэхъыбэу зыхуэщIа сабийхэу япэ дыдэу япэ классым кIуэхэм яIэ гукъыдэжым и инагъыр. Апхуэдэ цIыкIухэм я бжыгъэр ди республикэм мы гъэм мин 12,5-м щы­щIегъу.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Терроризмэм ебэныным щызэкъуэувэным и махуэмкIэ цIыхухэм зэрызахуигъазэ

Урысей махуэгъэпсымкIэ фокIадэм и 3-р Терроризмэм ебэныным щызэкъуэувэным теухуа махуэщ. Ар къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ 2004 гъэм фокIадэ мазэм и япэ махуэхэм Беслъэн къалэм къыщыхъуа гукъутэ Iуэху­гъуэ­хэм. Абы щыгъуэм терактым цIыху 300-м щIигъу хэ­кIуэ­дауэ щытащ, я нэхъыбэр сабийуэ. А къэхъукъащIэ шы­нагъуэм къигъэлъэгъуащ абы и къызэгъэпэща­кIуэхэмрэ и гъэзэщIакIуэхэмрэ я нэ­мыукIытэншагъэм, гу­щIэгъун­шагъэм, бзаджагъэм, гъэпцIагъэм гъунэ зэримыIэр.