Календарь событий

06 сентября 2021

Iуэхутхьэбзэхэр ирагъэфIакIуэ

Лышх узыфэр зыпкъырыт сымаджэхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыхуащIэ щIыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр игъуэтынущ 2022 гъэм и щIышылэ мазэм щегъэжьауэ. Ар хуэунэтIауэ щытынущ дунейпсо жыпхъэхэм тету фIагъ лъагэ зиIэ дэIэпыкъуныгъэхэр сымаджэхэм зэрырагъэгъуэтыным.

ЛIэщIыгъуэм и щыхьэтхэр

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм иджыблагъэ къыщызэIуахащ «ЛIэщIыгъуэм и щыхьэтхэр» фIэщыгъэм щIэт гъэлъэгъуэныгъэ.

Хэт тхылъ еджэжыр?!

Нобэрей щIалэгъуалэм я дуней тетыкIэмкIэ мыарэзыуэ псалъэмакъ зэхуэмыдэхэр ирагъэкIуэкIыу куэдрэ зэхыбох.

УщIэгузэфэн зыри къэхъуакъым

Гъэ еджэгъуэм щIимыдзэ щIыкIэ, зэрыкъэралу зэлъищIысащ Путин Владимир Владивосток щригъэкIуэкIа дерс зэIухам теухуа хъыбарым

И хэкум, и лъэпкъым папщIэ псэуа Хъуран Батий

Дунейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэрахьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэр абыхэм я анэдэлъхубзэращ. Адрей бзэхэми хуэдэу, ди адыгэбзэми тхыдэ кIыхь иIэщ, гъуэгуанэ купщIафIэ къикIуащ. Адыгэбзэм зиужьыным, зиузэщIыным и Iуэхум сыт щыгъуи егъэпIейтейуэ лъэпкъым папщIэ псэуа цIыху пэрытхэм ящыщщ адыгэ щIэныгъэлI, еджагъэшхуэ, хэкупсэ нэс Хъуран Батий (1890-1928). 

Емыкъум еплъи, дэзышым еуэ

Гукъеуэр, зыхуэпIуэтэн ущимыIэххэм деж, шакъэпсым хэдзи, тхылъымпIэм ет! ТхакIуэ Iэпэлъапашхэхэр, е, дэ тщIэ мыгъуэрэ, духьэшы – дыуэтххэр дгъэIущыжу аркъым. Сэгъей зыущиижыфа щыIэт-тIэ?! Зигу дыкъипсэлъыкIыну дызэлIалIэр, гурыгъу-гупыжхэр дзыхь зыхуащI тхылъымпIэ напэр зымыгъуэтыж, жылэ зыбжанэрщ.

Артисткэ цIэрыIуэр ящыгъупщэркъым

Псэужамэ, шыщхьэуIум и 23-м и ныбжьыр илъэс 98-рэ ирикъунут КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Шортэн Даниткэ. 

Къалэн нэхъыщхьэр Токио щагъэзащIэ

Токио щекIуэкIа Паралимп джэгухэр иухащ. Урысей Федерацэм икIахэм абы еплIанэ увыпIэр щиубдыдащ. Ди спортсменхэм япэ ищащ Китайр, Великобританиер, США-р. 

Щысакъын хуей зэман

ШыщхьэуIу мазэр дуней къэхъукъащIэхэр щыятэ лъэхъэнэу къокIуэкI: псыхэр къоу, къуршхэм псыдзэхэр къох.