Календарь событий

11 сентября 2021

Илъэсищэ гъуэгуанэ

Ди республикэм шынагъуэншагъэмкIэ органхэр къызэрыщызэрагъэпэщрэ илъэсищэ ирикъуащ. Абы теухуауэ дыгъуасэ  Урысейм ШынагъуэншагъэмкIэ и феде­ральнэ къулыкъущIапIэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Хабзэм и хъумакIуэхэр зэчэнджэщащ

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Хабзэр хъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэ­сым, республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым хэтхэм я зэIущIэ. Абы щIэсащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъу­мэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм, министерствэхэм я уна­фэщIхэр, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

Муниципалитетхэм я лIыкIуэхэм я зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я Iуэхухэм щыхэплъа зэIущIэ. Абы ­хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм и унафэщI Джэш Вячеслав, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

ЩIыналъэ нэхъ пашэхэм хабжэ

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и штабым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и вице-премьер Хуснуллин Марат.

«ДэIэпыкъуэгъу псынщIэхэм» къахохъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Зэгу­ры­Iуэ­ныгъэм и утыкум деж респуб­ликэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм «ДэIэ­пыкъуэгъу псынщIэ» авто­мобиль 17 дыгъуасэ щаритыжащ.