Календарь событий

23 сентября 2021

ЦIэрыIуэхэр

Тхыдэм хэтауэ къыщIэкIынкъым зи творчествэм апхуэдизрэ тепсэлъыхьа сурэтыщI.Пикассо Пабло теухуауэ шыIэныгъэ хэлъу зэи зыри псэлъакъым: хэти абы и цIэр уэгум нэс еIэт, хэти хужимыIэ къигъанэркъым.

Гъуэгухэм йолэжь

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хиубыдэу Курп Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ узэрыдыхьэ гъуэгухэр зэрагъэпэщыж.

Тхыпхъэхэм я щэхухэр

Тхыдэдж, этнограф КIыщ Хьэзрэтэлий дыщэидэ лъэпкъ IэщIагъэр къигъэщIэрэщIэжыну щIэхъуэпсу «IэпщIэлъапщIэ» гупжьей къызэригъэпэщауэ щытащ 1984 гъэм. Абы и деж зыщагъасэрт МэзщIэкIуасэхэ япхъухэу Маринеттэрэ (Дагъырхэ я нысэщ) Джульеттэрэ (Шэт).

Къущхьэ Севим: «Хъыбару жаIэжу зэхэпха къудейкIэ роман пхуэтхынукъым»

Тыркум къыщалъхуа адыгэ пщащэ Къущхьэ Севим а къэралым и тхакIуэ цIэрыIуэщ. Щыпсэу щIыналъэм и цIэр фIыкIэ зэригъэIум къыщымынэу Севим, абы щыпсэу адыгэхэм я щхьэр лъагэу зэрыригъэлъагъужыр мызэ-мытIэу зэхэтхащ.

ЕджакIуэхэм я урысейпсо зэпеуэхэр яублэ

Ди къэралым и курыт школхэм я еджакIуэхэр зыхэтыну урысейпсо олимпиадэхэр мы махуэхэм яублащ. Адрей илъэсхэм хуэмыдэу, мыгъэрей зэпеуэхэм щIэ куэд къыхыхьащ. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэщIэм и жэрдэмыр къызыбгъэдэкIар «Сириус» егъэджэныгъэ центрым и унафэщIхэращ. 
А IуэхущIапIэм и пашэ Шмелёвэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, 2021-2022 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу екIуэкIыну школ олимпиадэхэм еджакIуэ куэд къызэщIаубыдэнущ. Зэхуэдэ Iэмалхэр яIэу зэпеуэхэм хэтынущ УФ-м хыхьэ дэтхэнэ щIыналъэми щыпсэу ныбжьыщIэхэр. 

ЕгъэбыдылIахэм къахохъуэ

2021 гъэр къызэрихьэрэ Урысейм и «Мэкъумэшбанкым» Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и къудамэм къыдигъэкIащ зэрыщахуэ картэ 8000-м нэблагъэ. Псори зэхэту банкыр щIыналъэм зэрыщылажьэрэ апхуэдэ картэ мин 170-м щIигъу къыдагъэкIащ. Илъэс блэкIам абы и бжыгъэр мин 13-м хуэкIуащ. 
Картэхэм я нэхъыбэр улахуэ къызэрыратщ. Абы хуозэ процент 26-рэ. НобэкIэ къудамэм пыщIауэ улахуэ къыщахь IэнатIэ 240-м и лэжьакIуэхэм, абыхэм я нэхъыбэр бюджет IуэхущIапIэщ. 

Сом мини 100 хъу ахъшэ саугъэтхэр къаIэрохьэ

Коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыхухэр зэрагъэпажэ программэм хыхьэу къызэрагъэпэща лотерее джэгум и япэ Iыхьэр зэфIэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ахъшэ саугъэтхэр къахьыну Iэмал яIэщ зи ныбжьыр илъэс 18-м щIигъуауэ мастэр зыхезыгъэлъхьа дэтхэнэ зыми. 

Тенджыз Iуфэм къыщыхагъащIэ

Футбол Лъэпкъ Лигэм и етIуанэ дивизионым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и епщIанэ джэгугъуэм хиубыдэу «Спартак-Налшыкыр» Каспийск къалэм щыIущIащ Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-м. 
Зэхьэзэхуэм щыпашэхэм ящыщ мэхъэчкъалэдэсхэмрэ хьэщIэхэмрэ я зэпэщIэтыныгъэр жыджэру къыщIадзащ. Турнир таблицэм япэ увыпIэхэр зыIэщIэзымыгъэкIыну мурад зыщIа «Анжи»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» ебгъэрыкIуэныгъэ псынщIэхэр къызэрагъэпэщырт – зэIущIэм и бжыгъэр нэхъ щIэхыIуэу къызэIуахыу адэкIэ джэгур зэрыхуей щытыкIэм хугъэкIуэн хущIэкъуу.