Календарь событий

28 сентября 2021

«И ХЪУЭХЪУРИ ЗЭПЭФIЩИ, И ПСАЛЪЭРИ IУКIАФIЭЩ»

Балэ – хыв пIащэфIым щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр ХьэтIохъущыкъуейхэм я дежщ щызэхэтхар.
Бэлахъуэ – хывыхъуэ.
Был Iуэгъуэ – зы макъ къыжьэдэкIыркъым, жыхуиIэщ.
Бырамбыху джанэ – цIыхубз жэщ джанэ. Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ.
Гуажэ хуэхъун – и жагъуэ хъун, жыхуиIэщ.
Гуащэв – гуащэм хуагъасэ вы.
Гъэрэхъу-щIэрэхъу – шы удэфа, шхэкъуа, сэхъуа.

Адыгэшым и псынщIагъым хохъуэ

ФокIадэм и 24-25-хэм «Отрада» шыгъэжапIэм щызэхэта шыгъажэ кIыхьхэмкIэ зэпеуэм пэрыт увыпIэхэр адыгэшкIэ къыщахьащ.
 Мазищ къудейщ дэкIар Заряд зи цIэ а шы дыдэм тесу Щоджэн Щамел километри I00 гъуэгуанэм япэ увыпIэр зэрыщызыIэригъэхьэрэ. Иджы шымрэ шумрэ зэпача гъуэгуанэр километр 20-кIэ нэхъыбэщ. Япэу къызэрысам нэмыщI, Щоджэн Щамелщ «Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым» и япэ ахъшэ мылъку саугъэтыр зратар.

Я зэфIэкIыр нэрылъагъущ

Мы зэманым Налшык и щIыпIэ куэдым жьы хъуа фэтэр зэтетхэр щызэрагъэпэщыж. Абыхэм я нэхъыбэр 1957-1962 гъэхэм яухуащ.
2021 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым къыщыхигъэщауэ щытащ унэр къэгъэщIэрэщIэжыным трагъэкIуадэ зэманыр Iэмал зэриIэкIэ гъэмэщIэн зэрыхуейр - Iуэхур ягъэпсынщIэху, унэ нэхъыбэ зыхуей хуагъэзэфынущ. Абы хухэха программэм нэгъабэ хиубыдащ фэтэр зэтету 86-рэ. 2021 гъэм ар 91I-м нэсащ.

Дэрбзэр пщащэм и зэфIэкI

Лъэпкъ щIэинхэр зыхъумэну, ахэр езыгъэфIэкIуэну щIэблэ адыгэм къызэрыщIэхъуэм гугъэфIхэр уегъэщI. Абыхэм ящыщщ Сэралъп Лалини. И ныбжьыр илъэс 22-рэ хъууэ арами, хъыджэбз цIыкIум ехъулIэныгъэшхуэхэр дэрбзэр IэщIагъэм щиIэщ, адыгэ пщащэм и теплъэр, фащэр, хьэзыр, бгъэIулъ, нэгъуэщI сурэтхэри зытрищIыхьа фэилъхьэгъуэу 250-м щIигъу ищIагъэнщ.

Лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр зыхъумэхэр

Урысейм щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм я хэгъэгузэхуаку фестивалым Тэрч щIыналъэм и лIыкIуэхэр хэтащ.

Адыгэ бзэщIэныгъэм и лъэбакъуэщIэ

Бзэуэ пщIэм хуэдиз цIыху уриуасэщ, жаIэ. Къыбдалъхуа анэдэлъхубзэм фIыуэ урипсэлъэныр, гупсысэр гъэхуауэ кърипIуэтэныр адыгэм пщIэ зыхуищI Iуэхугъуэу къилъытэу игъащIэми къогъуэгурыкIуэ. Ар щыгъэтауэ, зи бзэр лантIэм, шэщIауэ псалъэм жылэ Iуэхухэр и пщэ далъхьэу, хеящIэу хахыу, щыхьэту ягъэуву къекIуэкIащ. Я фIэщ хъурт адыгэбзэ укъуэдиякIэ псалъэм укъимыгъэпцIэну, и псалъэ тебгъуэтэжыну, и жыIэр зэщIа хъуну.

Нобэ

♦Адыгэ фащэм и махуэщ
♦ХьэщхьэрыIуэ узым ебэныным и дунейпсо махуэщ
♦Къэрал хабзэм теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным и дунейпсо махуэщ
♦УФ-м и Атомнэ промышленностым и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Урысейм щагъэлъапIэ генеральнэ директорым и махуэр

♦1618 гъэм дунейм щыяпэу Брюссель ломбард къыщызэIуахащ.
♦1773 гъэм Пугачёв Емельян зи пашэ мэкъумэшыщIэ зауэм, I775 гъэ пщIондэ екIуэкIам, щIидзащ.
♦1953 гъэм КПСС-м и ЦК-м и Япэ секретару хахащ Хрущёв Никитэ.