Календарь событий

30 сентября 2021

Тут Заур: Щэнхабзэр Iэмал гъуэзэджэщ дунейм нэхъыфIу тетыр ирипхъумэну

Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур и уэрэджыIэкIэр зэ зэхихауэ зигу дэмыхьарэ, езым хуэзауэ и Iэдэбагъым имытхьэкъуарэ щыIэу къыщIэкIынкъым. 

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ
ЗэдзэкIакIуэм и дунейпсо махуэщ. ЗэдзэкIакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм 1991 гъэм игъэуващ.
Абхъаз Республикэм и лъэпкъ гуфIэгъуэщ – Куржы-Абхъаз зауэм къыщихьа ТекIуэныгъэр егъэлъапIэ
Урысейм щагъэлъапIэ интернетым и махуэр
Тыркумэным лъэпкъ шынагъуэншагъэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
Къэзахъстаным юстицэмкIэ и органхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
1882 гъэм
дунейм щыяпэу Фокс псым (США) электростанц тращIыхьащ.

КърахьэлIэжыр зыхуэдэр

Кавказ Ищхъэрэм и «Россельхознадзор» IуэхущIапIэм дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэхэм хьэцэпэцэр кIэрыхуншэу кърахьэлIэжащ. Иджыпсту нартыхур, сэхураныр, кIэртIофыр, хадэхэкIыр Iуахыж.
«Россельхознадзор» ФГБУ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр референт центрым и лабораторэм щIадзауэ къыщапщытэ 202I гъэм Iуахыжа гъавэр зыхуэдэр. Ар лъэныкъуэ псомкIи техуэн хуейщ УФ-м и Таможеннэ зэгухьэныгъэм гъавэр зэрышынагъуэншэмкIэ игъэува мардэхэм.

Урысейпсо зэпеуэм хэтщ

Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI «ТекIуэныгъэ» урысейпсо дзэ-спорт джэгухэр.  УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм джэгу-зэпеуэхэр щекIуэкIакIэщ. Iуэхум и кIэух зэхыхьэр мыгувэу  Москва щекIуэкIынущ. Ар къыщызэрагъэпэщынущ щыхьэрым и Iэшэлъашэм щыIэ «Хэкупсэ» паркышхуэм.    Абы хэтщ  къэралым  и  «Армие ныбжьыщIэ» зэщIэхъееныгъэм къызэщIиубыдэ гуп куэд.  

Вагъуэхэр

Уафэм дыщеплъкIэ, дэ къытфIощI абы и джабэм вагъуэхэр кIэрыту, ахэр дэ зэрытпэжыжьэр зэхуэдизу, нэхъ иныр ину, нэхъ  цIыкIур цIыкIуу тлъагъуу, нэхъ нурыр нэхъ иныр арауэ. ЖаIэу щытащ дыгъэр, мазэр, вагъуэр зэуэ зэдэзылъагъур жэнэтым кIуэну. Вагъуэр убжу ядэртэкъым, вагъуэу къыубжам и бжыгъэ хьэмцIыракIэ къыптекIэнущ, жаIэрт.

Псыбей-Кхъужьыб

Мы цIэр зезыхьэ жылэшхуэу къалэ теплъэ зиIэр Краснодар крайм и Мостовской районым итщ. Километр 12 и кIыхьагъми, абы хуиту зригъэзэгъащ Лабэ ЦIыкIу щежэх тIуащIэм Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэ лъэныкъуэмкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухам деж.   
    Къуажэшхуэм фIащар, зэрынэрылъагъущи, адыгэбзэм хэт «псы», «бэ» псалъэхэм къытехъукIащ, къызэрыдгурыIуэ хъунури «псы куэду здэщыIэ лъахэ» жыхуиIэущ.