Календарь событий

09 октября 2021

ЗэгурыIуэныгъэхэми хэплъэжыпхъэщ

Ди къэралым и хэгъэгухэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрыр хагъэхьащ кIэрыхубжьэрыхухэр зэхэдзауэ щызэхуахьэсыфын контейнерхэр къызыхуэщэхупхъэ щIыналъэ 46-м. А Iуэхум хуэгъэзауэ ди республикэм сом мелуан 64-рэ къызэрыхуаутIыпщым теухуа унафэм Iэ щIидзащ УФ-м и Правительствэм и унафэщI Мишустин Михаил.  

Зэрегугъум и нэщэнэу

Дызэрыт илъэсыр къэтщтэнщи, жэпуэгъуэм и 10-р Мэ­къумэш IэнатIэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленнос­тымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэщ. Ар, Урысей Федерацэм и Президентым и УнафэкIэ ягъэувауэ 1999 гъэ лъандэрэ ягъэ­лъапIэ. Зытеухуар, зэрыгурыIуэгъуэщи, къуажэдэсхэр Iэ­натIэкIэ къызэгъэпэщынырщ, я псэукIэр нэхъри егъэ­фIэ­кIуэнырщ, а лъэныкъуэмкIэ хэкIыпIэщIэхэр дяпэкIи къалъыхъуэнырщ.

ЕгъэджакIуэхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Парламентым щагъэ­лъэпIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Ахэр гуапэу къригъэблэгъащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьакIуэхэм я махуэмкIэ зэрехъуэхъур

Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэм елэжь промышленностымрэ я лэжьа­кIуэхэм, отраслым и ветеранхэм фи IэщIагъэм и махуэмкIэ сынывох­ъуэхъу!