Календарь событий

25 октября 2021

ЦIыхубэм ягу дыхьэ

    Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэрэшей-Шэрджэсым щIыхь зиIэ и артисткэ Хьэрэдурэ Динэ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэджыIакIуэщ. Республикэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэфI хуэзыщI, цIыхухэм я гукъыдэжым хэзыгъахъуэ бзылъхугъэм илъэс 40-м щIигъуауэ утыкур егъэбжьыфIэ.

Тренерымрэ гъэсэнымрэ къыхожаныкI

Кърым Республикэм хыхьэ Евпаторие къалэм дэт «Эволюция» спорт центрым щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Саугъэтхэм щIэбэнащ зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ зиIэ къэралым и щIыналъэ 42-м икIа спортсмени 150-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэхьэзэхуэм хэта Кугъуэт СулътIан (килограмм 72-м нэблагъэ) къиIэтащ килограмми I60-рэ зи хьэлъагъ щтангэр икIи дыжьын медалыр къихуагъэфэщащ.

Щамырзэ Моникэ и гъащIэмрэ лэжьыгъэмрэ

Балеринэ цIэрыIуэ, тхакIуэ, скульптор, актрисэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа бзылъхугъэ дахэ Щамырзэ Моникэ (Черинэ Людмилэ) къыщалъхуа махуэм и гъащIэм траухуа фильмхэмрэ спектакльхэмрэ. Ахэр «Щамырзэхэ я вагъуэ» («Из рода Чемерзиных»), «Къыу закъуэ» («Одинокий лебедь»), «Адыгэ бзылъхугъэ» («Черкешенка») фильмхэмрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым Фырэ Руслъан щигъэува «Черкесская Жизель» спектаклымрэщ.

«Си лъэпкъым и хабзэмрэ бзэмрэ нэхъ къасщтэрт»

Сэрахъэ Алан илъэс II-кIэ Москва къалэм щыпсэуащ, технологие IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылэжьащ, APPLE, HP, DELL, NETAPP, CISCO, ADOBE, COREL компаниехэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, сабийхэм пасэу зыщрагъэужь, «Я сам» зыфIища IуэхущIапIэр къызэIуихри, илъэситIкIэ игъэлэжьащ. 

«Си IэдакъэщIэкI дунейм къытенэмэ, аращ насыпу къэслъытэр»

- Си адэр и щIалэгъуэм сурэт щIыным, пхъэм мафIэкIэ къыхэгъэжьыкIыным, сэху мывэм къыхэщIыкIа хьэжыгъэкIэ зыгуэрхэр зэгъэпщIыным хуэIэзэу щытащ, - жеIэ IэпщIэлъапщIэ ныбжьыщIэ Маргъущ Юрэ.
Арауэ къыщIэкIынщ лъабжьэ хуэхъуар щIалэм дыщэкI IэщIагъэм зыхуигъэсэным.     КъБКъУ-м а гъуазджэм щыхурагъаджэ факультет зэриIэр къыщищIэм, Юрэ шэч къытримыхьэу абы и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ.

Лъэпкъым теухуа гупсысэхэр

  Адыгэ хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ… Я хьэл-щэн, гупсысэкIэ, шыфэ-лIыфэ, IуэхущIафэкIэ зэтехуэрэ е зэщхьэщыкIрэ ахэр? Сыт хуэдэ хэхэс гъащIэр зи натIэхэм я псэукIэр? Сыт къитIасэрэ Хэку лъагъуныгъэм и къарум? ЛIэужьыр лъымрэ къупщхьэмрэ ямыгъэкIуэдыр пэж?

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 25
Блыщхьэ

♦ЦIыхубзхэр мамырыгъэм щIэбэныным и дунейпсо махуэщ
♦Автомобилистым и дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэм и таможенникым и махуэщ

♦1941 гъэм къызэрагъэпэщащ зыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетыр.
♦1977 гъэм «СССР-м и цIыхубэ дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
♦1911 гъэм къалъхуащ адыгэ тхакIуэ Елмэс Хьэжбий.