Календарь событий

26 октября 2021

НОБЭ

Жэпуэгъуэм и 26, гъубж

Дыжьыным къыщоувыIэ

Италием и Ольбие къалэм щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуахэм дзюдомкIэ гупхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэхэр. 

ФIы щIэи, псым хэдзэ

Къарэ Ратмир псапащIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ зыбжанэм жыджэлру хэтщ. Хэкум къэзыгъэзэжа ди лъэпкъэгъухэм ядэIэпыкъуным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Абы делъэIуащ я IуэхущIафэхэм дыщигъэгъуэзэну.

ХъуапсапIэр IэщIагъэ хъумэ…

ФIым хуэпабгъэ, зи мурадхэр гуапэ щIалэгъуалэр лъэпкъым и дежкIэ гугъэ мыухщ. Апхуэдэхэм я зы щапхъэщ Алмэ Марьянэ. Ар Къармэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школыр къиухри, фIыуэ илъагъу егъэджакIуэ IэщIагъэм щыхуеджащ КъБКъУ-м и педагогикэ колледжым.

Нартым и лIыгъэр къыщынахуэр

Балигъ хъууэ шырэ Iэщэрэ зэригъэпэща нэужь, нартыр зекIуэ йожьэ.

Дуней псом щыцIэрыIуэ модельер

Армани Джорджио и цIэр зэхэзымыха цIыху къэгъуэтыгъуейщ. Итальян дизайнерым модэм и дунейм хьэпшып телъыджэ куэд къыщигъэщIащ – ар щыгъын, зэрызагъэщIэращIэ, унэр зэрагъэдахэ хьэпшып ирехъу. 
Дизайнер цIэрыIуэм и лэжьыгъэр къыщыщIидзар Милан универмагхэм языхэзырщ. И ныбжьыр илъэс 30 щрикъуам абы ищIэрт щэкIхэм я зэхэлъыкIэмрэ цIыхухэм щатIэгъэну яфIэфIымрэ. Аращ модельерым и Iэзагъым лъабжьэ хуэхъуари. Илъэс зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу езым и цIэр зезыхьэ цIыхухъу щыгъынхэр иду щIидзащ. 

Адыгэ эстрадэр зыгъэбжьыфIэ Тхьэгъэлэдж Светланэ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ адыгэ дунейм фIыуэ щалъагъу, ди зэманым и уэрэджыIакIуэ пэрытхэм ящыщщ. Абы макъ дахэ зэриIэм, уэрэд жыIэным къызэрыхуигъэщIам куэд щыгъуазэщ. А цIыху щабэм и дуней еплъыкIэр тфIэгъэщIэгъуэну упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. 

Адыгэ сулътIанхэр мысыр утыку зэрихьар

Бэркъукъу адыгэхэм къахэкIа тепщэхэм я лъабжьэ зыгъэтIылъа сулътIанщ (1382 - 1517). Шэрджэс мамлюкхэм я бжыгъэр щыбэгъуар Къэлэун и тепщэгъуэрщ (1280-1290). Абы дзэ щхьэхуэ зэригъэпэщауэ щытащ, зауэлIхэм я нэхъыбэр Кавказым кърашауэ. Хьэрып щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, япэу сулътIан хъуа адыгэр Джашангир Бейбарст (1309 гъэм). Ауэ ар адыгэу щытауэ убжыныр шэч къызытумыхьэ Iуэхугъуэу щыткъым, абы тетыгъуэр зэрыIэщIэлъа зэман кIэщIми политикэ и лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIыныгъэшхуэ къигъэхъуакъым. 

Дохутыр гумащIэ

ЦIыхур къыхуэарэзыуэ и IэнатIэр езыхьэкI дохутырхэм ящыщщ Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэ щыпсэу Хъупэ (ХьэпащIэ) Мадинэ.

БЕСЛЪЭНЕЙХЭР: ЩIЫНАЛЪЭР, ЩЭНХАБЗЭР, БЗЭР

КъухьэпIэ адыгэхэр XVI лIэщIыгъуэм щегъэжьауэ Кърым хъаныгъуэм и унафэм щIэтащ. КъэралщIыб посольствэм къэбэрдейхэми беслъэнейхэми ятеухуа дэфтэр куэд щIэлъщ. Ахэр нэхъыбэу зэрытхар пасэрей уэсмэныбзэщи, тхыдэ щIэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэм къыщагъэщхьэпэркъым. Ауэ щыхъукIэ, абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ XVI лIэщIыгъуэм адыгэхэр зэхэмызэрыхьу лъэпкъ щхьэхуэ-щхьэхуэу гуэшауэ зэрыщытар.