Календарь событий

02 ноября 2021

Балъкъэр Рафет: Уи анэм къыпIурилъхьа бзэмкIэ ущыпсалъэращ уи щIыналъэр!

Ди хэкуэгъухэр

Мэздэгу адыгэхэм я деж

Гъэ къэси, хабзэ зэрыхъуам тету, Мэздэгу къалэм адыгэ зэхыхьэ щекIуэкIащ. «Мэздэгу адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадэгъуэгурыкIуэ хабзэхэр» зыфIаща форумым хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ Республикэхэм, Ставрополь крайм икIа хьэщIэхэр.

Къафэм епсыхь хьэлыр

Ди газетым и хьэщIэщым къедгъэблэгъащ балетым и къэфакIуэ Къущхьэ Камилэ.

Азербайджан шхыныгъуэхэр дагъэцIыху

Кавказым и пщIафIэхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм, Лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ азербайджан центрым, Урысейм и пщафIэхэм я лъэпкъ ассоциацэм, «Визит Кавказ» турист компанием къызэрагъэпэщри,  Налшык къалэ махуищкIэ щекIуэкIащ «Азербайджан шхыныгъуэхэм я махуэхэр - Къэбэрдей-Балъкъэрым» Iуэху дахэр.
ЗэIущIэр къыщызэIуахащ икIи хьэщIэхэмрэ журналистхэмрэ щызэхуэзащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым икIи щIидзэн и пэ къихуэу КIуэкIуэм и фэеплъым удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьащ.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 2, гъубж

Лъэпкъым и тхыдэм щыщ

Къэхутэныгъэхэм къазэрыхэщымкIэ, япэ дыдэу цIыхур Африкэм къикIри, Кавказымрэ зэрыщыту Евразиемрэ къэкIуащ илъэс мелуан I,7-рэ хуэдиз ипэкIэ.

Шахмат псынщIэхэмкIэ зэпоуэ

КъБР-м и къалащхьэ Налшык щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и мемориал» Урысей Федерацэм шахмат псынщIэхэмкIэ и Рапид Гран-при-2021 зэхьэзэхуэм и Iыхьэр.
Псори зэхэту саугъэтхэм щIэбэнащ шахматист 94-рэ. Абыхэм яхэтащ гроссмейстерхэу Смирнов Павелрэ Ковановэ Баирэрэ, спортым и мастеру 10.

Зэхьэзэхуэ гуащIэхэр зэщхьэщыхауэ щытащ ветеранхэм, балигъхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я гупу.

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм физкультурэмрэ спортымрэ зыщегъэужьыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

 

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ
    2021 гъэм жэпуэгъуэм и 11-м Налшык къалэ №203-ПП

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал программэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ

    Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и
Унафэ
202I гъэм жэпуэгъуэм и 8-м Налшык къалэ №202-ПП

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэ етыныр» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм  и къэрал программэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 20I9 гъэм щэкIуэгъуэм и I8-м къыдигъэкIа унафэ №202-ПП-мкIэ къищтам, мы унафэм и гуэдзэным къыщыгъэлъэгъуа зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн.