Календарь событий

03 ноября 2021

Я щIыналъэри дахэщ, езыхэри гуакIуэщ

Пандемием дызригъэува щытыкIэр куэдрэ зи гугъу тщIыжыну Iуэхугъуэщ. Сэ хамэ къэралхэм сыкIуэну, ди лъэпкъэгъухэм зэхашэ фестивалхэм сыхэтыну, адыгэхэр щыпсэу щIыпIэ дахэхэр зэзгъэлъагъуну сфIэфIт. 

Дэтхэнэ зэпэщIэувэныгъэри щIыуэпсым и бийщ

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 200I гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм хъыбар зэбгригъэхауэ щытащ, цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэжьэхэуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ зэхэуэхэмрэ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIыхьэр къэлъытауэ, жылагъуэр а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм пэщIэтыным къыхуезыджэ Махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р къызэдэщтэн зэрыхуейм ехьэлIауэ.

Адыгагъэр я Iэпэгъуу щIэныгъэ лъагъуэр хэзышхэр

Адыгэу ущытыным къикIыр зауэлI хахуэм и псэ пIутынырщ. Щхьэхуитыныгъэм зэрыхуэпабгъэмрэ къарууэ яхэлъамрэщ а лъэпкъым гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуари и тхыдэр зыгъэнэхуари. Зэман куэд дэкIащ ди лъэпкъым  зэрихьа лIыгъэмрэ бэлыхьу зыхэтамрэ лъандэрэ, ауэ а хахуагъэмрэ лIыгъэмрэ ноби тфIэкIуэдакъым. Абы и зы Iыхьэ цIыкIущ Москва къалэ и "Сокол" районым щылажьэ "Радий" щIэныгъэ-производственнэ IуэхущIапIэ" АО-р.

Урысейпсо зэхьэзэхуэм кIуэнухэр къыхах

Дзюдо

Къущхьэ Каринэ: ЩIэныгъэ лей щыIэкъым

        Щхьэлыкъуэ  къуажэм щыщ,  Май къалэм и №5-нэ еджапIэм  инджылызыбзэмкIэ  щезыгъаджэ  Къущхьэ  Каринэ  Ростов  къалэм щекIуэкIа «Илъэсым и егъэджакIуэ-2021»  зэхьэзэхуэм   и  урысейпсо  утыкум  зэрынэсам,  абы щэзэпеуахэм япэ ища цIыху I5-м ящыщ зэрыхъуам  и  хъыбар нэхъ  пасэуи  фхуэтщIауэ  щытащ.

Зэпеуэм зы увыпIэкIэ къыщыдокIуэтей

 Волгоград щекIуэкIащ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым  и япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу «Ротор-2»-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр.
ЗэпэщIэтыныгъэм и пэщIэдзэ дакъикъэхэр командэхэм жыджэрагъышхуэ къамыгъэлъагъуэу къыщIадзащ. Дэтхэнэри щтэIэщтаблэт, щыуагъэ зыIэщIагъэкIыну хуейтэкъым.

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 3
Бэрэжьей

Щэхур хъумэным и дунейпсо махуэщ
I562 гъэ
м Къэбэрдейм и пщы уэлий Идар Темрыкъуэ и щIалэ Думэныкъуэ и гъусэу Астрахань хъаным и деж кIуащ.
1931 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къратащ ВЦИК-м и щIыхь тхылъыр.
1949 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ, КъШР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шыд Юрэ.

«Е и пщафIэр имылъ, е кIэпхынтеж имыхь…»

Адыгэбзэм щыщщ