Календарь событий

06 ноября 2021

КIуэкIуэ Дианэ и гъуэгу къежьапIэ

Нотариус IэщIагъэм ди зэманым щIэупщIэшхуэ иIэ хъуащ. Ауэ абы и лэжьыгъэр тыншу къэзылъытэхэр щыIэщи, щоуэ. Дэфтэрхэр гъэхьэзрынымрэ Iэ щIэ­дзынымрэ къыдэкIуэу, ахэр зэпымыууэ щыгъуазэу щы­тын хуейщ къэралым и законхэм халъхьэ зэхъуэ­кIы­ныгъэхэм. 

«СтIол хъурей» щхьэпэ

Аруан районым хыхьэ ­Къэ­хъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м нэхъыжь клас­схэм щеджэхэмрэ «Къэ­лъы­хъуэныгъэ» клубым хэтхэмрэ школым щаIущIащ ­УФ-м и Лъэпкъ гвардием ­хэтхэм. «СтIол хъурейм» и Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу щытащ  «Урысей гвардием  и лIыхъужьыгъэ   на­пэкIуэцIхэр». 

Къандур Мухьэдин и «Иужьрей щэкIуэгъуэ»

Котляровхэ я тедзапIэм иджыблагъэ урысыбзэкIэ къы­щыдэкIащ Къандур Му­хьэдин и романыщIэ. Япэ напэкIуэцIым щегъэжьауэ и кIэм нэс укъимыутIыпщу узэзыгъаджэ тхылъыр «УрысеищIэм и роман» зыхужаIэхэм ящыщ хъуащ. 

НОБЭ

ЩэкIуэгъуэм и 6, щэбэт

♦Дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр зауэ щекIуэкIым деж къэмыгъэсэбэпыным и дунейпсо махуэщ
♦ЦIыхухъухэм я дунейпсо махуэщ
♦1857 гъэм
къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и дзэ къулыкъущIэ, маршал, зыхъумэжыныгъэмкIэ, хамэ къэрал IуэхухэмкIэ министру щыта Абыкъу Ахьмэд-пэщэ.
♦1936 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыIэ зиIэ и артист ПащIэ Ахьмэд.