Календарь событий

25 ноября 2021

Адыгэ хадэр хэмыкIуэдэжын папщIэ

                           Адыгэхэм  я  хадэ  зехьэкIэм теухуауэ щыIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зэгъэуIуным, ар тхылъхэм ит  теорие къудейуэ къэмынэу, къыдэкIуэтей щIэблэм хэпща зэрыхъуным щытепсэлъыхьащ щэкIуэгъуэм  и  23-м  Мейкъуапэ  дэт  Адыгэ  университетым  хэт  ЩIэныгъэ  библиотекэм   щызэхэта  «Адыгэ  хадэр  щIыналъэм щекIуэкI  жылагъуэ-щэнхабзэ  зэхъуэкIыныгъэхэм  зэрадекIуэкIыр»  («Черкесский сад» в пространстве социокультурной трансформации») Iэнэ  хъурейм.

Хъыджэбз нэгурэшыр дахэкъыхэшщ

• Адыгэбзэм щыщщ

Кхъуэнытх I – нэхъапэхэм псыкъуийхэм щхьэщащIыхьу щыта бжыхь хъурейщ, псы къыщрахкIэ цIыхур имыхуэн хуэдэу мылъагэ-мылъахъшэу хуауэ.

Кхъуэнытх II – мэзыкхъуэр щыкуэд щIыпIэ.

Кхъуэрыжэ – псыкъуийм ирагъэлъадэрэ псыр кърырахыу щытауэ кхъуауэм пыщIауэ пылъ кIапсэ.

Къалэдэс I – щIыпIэ екIуэлIэгъуей, бгылъэхэм, къуэладжэ пхыдзахэм щыIэ псэупIэ.

Бзэ дапщэ зригъэщIэфыну цIыхум?

Лондон дэт колледжым лингвистикэмкIэ и профессор Хадсон Дик упщIэ игъэуват: «Полиглотхэм ящыщу хэт бзэ нэхъыбэ дыдэ зыщIэр?».

«Си адэшхуэрагъэнщ!», - къыхуитхыжащ абы зы щIалэ, и цIэ-унэцIэр къраIуэну зэрыхуэмейр кIэщIэту.

Тхыгъэм и автор США-м щыпсэум жиIэрт и адэшхуэ итальянецыр блэкIа лIэщIыгъуэм и 10-нэ гъэхэм Сицилием къикIыу Америкэм зэрыIэпхъуар, ар зэи школ зэрыщIэмысар, ауэ бзэхэр зэман кIэщIым къриубыдэу къызэрипхъуатэр. ЩIэныгъэ зимыIэ сицилиецым и ныбжьыр щыхэкIуэтам  бзэ 70 ищIэрт, абыхэм ящыщу 56-м иритхэфырт, иреджэфырт. 

Аулъэ Мэлыч къызэралъхурэ илъэси 100 ирикъуащ

Тхыдэ   щIэныгъэхэм   я   доктор,  профессор,  Адыгеймрэ   Псыжь  хэгъуэгумрэ   щIэныгъэмкIэ    щIыхь    зиIэ    я   лэжьакIуэ,  Дунейпсо Адыгэ  Академием  и   академик    Аулъэ   Мэлыч  Хьисэ  и  къуэр  1917 гъэм  щэкIуэгъуэм  и  8-м  Адыгейм   щыщ  Хьэкурынэхьэблэ  къуажэм  къыщалъхуащ. 

Дивизэ цIэрыIуэм хэта Къардэн Хьэзиз

1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм лIыхъужьу хэта,   Къэбэрдей-Балъкъэрым   къыщызэрагъэпэщауэ щытащ 115-нэ шууей дивизэр къызэрызэрагъэпэщрэ мы махуэхэм  илъэс 80 ирокъу.  Тхыдэ хъумапIэм щIэлъ дэфтэрхэм къызэраIуатэмкаIэ, СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым I94I гъэм и щэкIуэгъуэм  къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, лъэпкъ щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщын хуейт дзэ частхэмрэ зэгухьэныгъэхэмрэ.

Дунейм щыхъыбархэр

Нобэ

 

ЦIыхубзхэм залымыгъэ якIэлъызехьэным пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1999 гъэм дыгъэгъазэм и 17-м къищта унафэмкIэ ягъэуващ ар.

Урысейм и мамырщIэкъу дзэхэм я махуэщ

Боснием и къэралыгъуэм и махуэщ

1339 гъэм Москва Кремлым жыгейм къыхэщIыкIа и блынхэр зэтелъхьэн щIадзащ.

1735 гъэм ягъэжащ Пащтыхь-тхьэгъушыр.