Календарь событий

27 ноября 2021

Хэкупсэ нэс

Зыхалъхуа лIэщIыгъуэм гу хьэлэлрэ псэ къабзэкIэ гуа­щIафIэу хуэлажьэ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм хэт Дадэ Суфэдин (Исмел) Iэбузед и къуэр ди республикэм цIэ­рыIуэ щыхъуащ лъэп­къым хуэщхьэпэну зэфIиха Iуэху­гъуэхэмкIэ. Суфэдин и ныбжьыр нобэ, щэкIуэгъуэм и 27-м, илъэс 70 ирокъу. 

КIуэкIуэ Казбек яхуэгузэващ Кузбассым къыщыхъуа насыпыншагъэм хэкIуэдахэм я унагъуэхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кемеровэ областым и губернатор Цивилев Сергейрэ щIыналъэм щыпсэухэмрэ яхуэгузэващ Кемеровскэ областым щыIэ «Листвяжная» фIамыщI къыщIэхыпIэм гузэвэгъуэ къызэрыщыхъуам къыхэкIыу. Абы хэкIуэдащ шахтэм щылэжьахэри ахэр къезыгъэлыну яужь итахэм ящыщхэри.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ къэралым и Правительствэм и комиссэм и зэIущIэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIэу хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Хуснуллин Марат видеоконференц зэпыщIэныгъэ мардэм тету щэкIуэгъуэм и 25-м иригъэкIуэкIам.

Ди блэкIар зэхьэкIауэ къыщратхыкIыж къэбгъэхъу хъунукъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIэу хэтащ Урысейм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм иригъэкIуэкIа VII щIэныгъэ-практикэ конференцым. Ар теухуат Урысей Федерацэм зыхъумэжыныгъэ и лъэныкъуэкIэ къыпэщыт къалэнхэр зэфIэгъэкIа хъун пап­щIэ IуэхущIапIэхэр хъыбархэмкIэ зэхъуэ­жэным иIэ мыхьэнэм.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Анэм и щIыхь» медалыр ятыным и IуэхукIэ

Гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу сабиитху е нэхъыбэ зэрапIам папщIэ «Анэм и щIыхь» медалыр ятын:

Кавказ Ищхъэрэм зэрызиужьыну щIыкIэм топсэлъыхь

КIуэкIуэ Казбек Москва щыIэу ­хэтащ УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мишустин Михаил иригъэкIуэкIа зэхуэсым. Абы щыхэплъащ Урысей Федерацэм и Президентым нэхъ пасэу къигъэува къалэнхэм тету Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ субъектхэм я экономикэм зэрызрагъэужьыну щIыкIэхэм.

ЩIыналъэм ифI зыхэлъ IуэхуфIхэр пхагъэкIыу

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 25-м лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу Урысей Федерацэм сенатору щыIэхэу Къанокъуэ Арсенрэ Ульбашев Мухьэрбийрэ, «Урысей зэкъуэ­тым» къыбгъэдэкIыу Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ. ЗэIущIэр щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым УФ-м и Президентым деж Москва зэпымыууэ щиIэ IуэхущIапIэм.