ЩэкIуэгъуэм и 26-м Налшык къалэ щекIуэкIащ «Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» республикэ зэпеуэм и кIэух Iыхьэр.
КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и деж щыIэ «ЕгъэджакIуэхэм я профессиональнэ Iэзагъым зэпыу имыIэу щыхагъахъуэ центрым» къыхилъхьа а зэпеуэм и япэ Iыхьэхэр унагъуэ 35-рэ хэту республикэм и щIыналъэхэм щекIуэкIащ. Абы щыщу кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщар унагъуитхущ.