Календарь событий

11 января 2022

Гупсысэ къызыхэщ сурэтхэр

Адыгэ Республикэм щыщ сурэтыщI Ачмыжь ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ дуней.

Хъуромэ теплъэгъуэ

Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым 2022 гъэм и лэжьыгъэр «Хъуромэ романс» гъэлъэгъуэныгъэмкIэ иригъэжьэжащ.

Iэтащхьэм и Кубокыр ди щIалэхэм къахь

Уфа къалэм дэт Спорт зыгъэхьэзырыныгъэмкIэ центрым щекIуэкIащ Башкортостан Республикэм и Iэтащхьэм и Кубокыр къэхыным хухэха алыдж-урым бэнэкIэмкIэ 11 урысейпсо зэхьэзэхуэ. 

ЩIыпIэ дэгухэм я махуэ

Дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) зэрыдиIэр IэмалыфIщ щIыуэпсыр зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэнымкIэ. 

И псалъэри хущхъуэщ

«Дохутырым епсэлъа иужь сымаджэр нэхъыфI мыхъуамэ, ар дохутыр хъунукъым», - жиIэгъащ Бехтерев Владимир.

Къэзанокъуэ Жэбагъы и щIэиныр

КъБР-м и Егъэджэныгъэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, культурологие щIэныгъэхэм я кандидат, ГъуазджэхэмкIэ Ищхъэрэ Кавказ институтым и кафедрэм и унафэщI, егъэджакIуэ ЩауэцIыкIу Людмилэ иджыблагъэ «Принт-Центр» тедзапIэм къыщыдигъэкIащ Къэзанокъуэ Жэбагъы теухуа тхылъыщIэ: «XVIII лIэщIыгъуэм и узэщIакIуэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и философиер адыгэ щэнгъасэм зэрылъэIэсыр». 

Нобэ

♦ФIыщIэ щIыным и дунейпсо махуэщ
♦Урысейм и мэзгъэфIэнхэмрэ (заповедникхэмрэ) лъэпкъ паркхэмрэ я махуэщ. 1917 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ япэ мэзгъэфIэныр -Баргузин щIыпIэм (Бурятие) псэущхьэхэр хъумэным хуэщIа къэрал IуэхущIапIэм лэжьэн щыщIидзащ.
♦1569 гъэм дунейпсо тхыдэм щыяпэу Инджылызым лотерей щагъэджэгуащ.
♦1693 гъэм Сицилие хытIыгум (Италие) Этна вулканыр къыщиури, щIыр щыхъеящ. Абы цIыху мин 60-м щIигъу хэкIуэдащ.

ХъуэпсапIэхэм я псей

Апхуэдэу фIащауэ ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу ирагъэкIуэкI Iуэху дахэм хэтщ ди республикэм и къулыкъущIэ куэд. Интернатхэм щIэс, адэ-анэ зыщхьэщымытыж сабийхэм, зыхуей хуэныкъуэ унагъуэхэм щапIхэм я хъуэпсапIэхэр хуагъэзащIэкIэрэ абыхэм я гукъыдэжыр къызэраIэтынум пылъщ ахэр. 
Псейм пыщIа тхылъымпIэ цIыкIухэм итщ сабийм и цIэ-унэцIэр, и нэ къызыхуикIыр, абы и лъабжьэм щIэтщ волонтёрым и телефоныр. Ар зыгъэзэщIэну зи пщэ дэзылъхьэжа къулыкъущIэр е абы и дэIэпыкъуэгъур мэпсалъэ а телефонми, ныбжьыщIэм хуэзэу тыгъэр сыт щыгъуэ зэIэпах хъунуми яубзыху. 

Иужьрей макъ

«Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» иризэпытщIэу.
АрщхьэкIэ, езым и анэдэлъхубзэми дэгъуэу хэзыщIыкI, кIахэ адыгэбзэм иригъуазэни зи щIасэ абхъаз щIалэм, Дасание Давид, къызэрилъытэмкIэ, дэ, адыгэхэм, зи гугъу тщIы мыхьэнэр а псалъэм къидгъэкIынутэмэ, «гъуэгу-цIыху»-щ жытIэн хуеяр, ди бзэм и зэхэухуэнэкIэм дытетмэ.