Календарь событий

20 января 2022

«Транслом»-м и унафэщIхэр КъБР-м и вольфрамым къыщIоупщIэ

ГъущIхэкIхэмкIэ Урысей Федерацэм и «Транслом» IуэхущIапIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Гидрометаллург»-р ищэхуну нэ ирищащ, зэрыжаIэмкIэ.

Нэхъ жыджэрхэр ягъэлъапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм и унафэщI Мэкъуауэ Люазэ республикэм и лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр зэхуишэсащ. Ар теухуауэ щытащ блэкIа илъэсым зэфIагъэкIахэр къэпщытэжыным, мы гъэм къапэщылъхэр убзхыхуным.

НэгъуэщI еплъыкIэ

ЦIыхухэр хуейщ я кIэрыхубжьэрыхухэр уэрамыхьэм къытрагъэувэмэ, «Экологистикэ»-м» ар асыхьэту Iуишу псэуну. Ауэ куэд егупсысу пIэрэ ди кIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэзыкъуэ цIыхухэм я пщэм дэлъ къалэн хьэлъэхэмрэ ахэр абыхэм зэрагъэзащIэ щIыкIэмрэ? 

Щхьэгъусэ

Зэгуэр лIы Iущ гуэрым и деж зы бзылъхугъэ къакIуэри къыжриIащ:
- ИлъэситI ипэ си щхьэгъусэм сэрэ ди нэчыхьыр птхауэ щытащ. Иджы нэчыхьыр схуэкъутэж, сыхуейкъым афIэкIа сыдэпсэуну.
- Сыт абы и щхьэусыгъуэр, - щIэупщIащ лIы Iущыр.
- Адрейхэм я щхьэгъусэхэр и зэманым я унэ йокIуэлIэж, сысейр сытым дежи къогувэ. Абы щхьэкIэ махуэ къэс дызэфIонэ, - къитащ жэуап.

Тэрч гимнасткэхэр щIыналъэ зэпеуэм къыщыхожаныкI

ЩIышылэм и 12-17-хэм Осетие Ищхъэрэ-Аланием и къалащхьэм дэт «Манеж» спортым и уардэунэм щекIуэкIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Япэ спорт разрядымрэ спортым и мастерым и кандидатым и программэхэмкIэ щхьэзакъуэ, гуп зэпеуэхэм медалхэм щыщIэбэнащ Урысей Федерацэм и ипщэ щIыналъэм щыщ спортсмен 300-м щIигъу.

Псы къыщIэшыпIэщIэ ухуэн щIадзэнущ

Мы зэманым Бахъсэн щIыналъэм щыщхэу Зэикъуэ, Ислъэмей, ХьэтIохъущыкъуей, Бахъсаненок, ПсыкIэху къуажэхэр, Бахъсэн къалэр псыкIэ гугъу иохь. КъедбжэкIа жылагъуэхэм цIыхуу щопсэу мин 98-м нэблагъэ. Абыхэм я процент 49,4%-р тэмэму псыкIэ къызэгъэпэщакъым е зэфэ псым и фIагъыр щIагъуэкъым.

Си гукъэкIыжхэр

1957 гъэр екIуэкIырт. Дзэм къулыкъу щысщIэрт абы щыгъуэ, курсхэми сыщеджэрт. Дзэ къулыкъум щымыщ, къемызэгъ мыхъумыщIагъэ куэдым пасэу гу лъыстащ сэ. Ахэр сигу темыхуэу, Ленинскэ пэшым сыщIэтIысхьэри СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр, Совет Союзым и Маршал Жуковым деж письмо стхащ. Зы тхьэмахуэ дэкIами арат, пщэдджыжьышхэ дышхауэ а пэшым дыщIэсу, пIащIэгъуэкIэ дызэрызэхуашэсымкIэ хъыбар къыдагъэщIащ. ЖэрыгъэкIэ пэшым дыкъыщIэжри Iэщэхэр къэтщтащ, ди джэдыгухэр зэкIуэцIытлъхьэри дгъэджэрэзащ, ди плIэми иддзащ.

Зи хъуэпсапIэр нахуапIэ хъуахэр

«Хамэ хэку сыщытхъэ нэхърэ си хэкIужь сыщылIэ», - жызыIэ ди лъэпкъэгъухэм я щапхъэщ зыхуей хуэзэу нэгъуэщI къэрал щыпсэуми, я адыгэгум я хэкужь къишэжауэ псэу ди къуэшхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэм я гупсысэмрэ псэукIэмрэ зыхуэдэр фэдгъэцIыхумэ, ди гуапэщ.
Джэйхьун Гумуш: Илъэс 17 си ныбжьу, Мейкъуапэ зы илъэс сыдэсынщи, урысыбзэ зэзгъэщIэнщ, университетым сыкIуэнщ жысIэри сыкъэкIуэжат. Зы гугъуехьи симыIэу сыщыпсэурт Истамбыл, ауэ си гур ХэкумкIэ щыIэт.

Тхыдэм и лъагъуэхэр

«Тхыдэм и лъагъуэхэр» – аращ зэреджэр «Антарес» щIыналъэ центрым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ министерствэмрэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ зэщIыгъуу ягъэхьэзыра литературэ-лъахэхутэ программэм.

Нэхъ бзаджэр

КЪУАЖЭМ дыхьэщ, джэдэщым зыщIигъэбзахэри, зы джэд ирихьэжьащ бажэм. Хьэр кIэлъыпхъэра щхьэкIэ, щIыхьакъым - яIэщIэкIри мэзым зыщIидзащ. Мэзым дыгъужь ныбаджэр къыщрихьэлIащ. Шынэри, бажэм джэдыр Iэпыхуащ.
- Умышынэ, - жиIащ дыгъужьым. - Джэдыр къыптесхынукъым. Къыздипхар къызжеIэ закъуэ.
- Къуажэм я джэдкъазыр ягуэшыжати, зы джэд къыслъагъэсащ.
- Сэ сыт къыслъагъэсар? - и нэр зэригъэдзэкIащ дыгъужьым.
- Уэри Iыхьэншэ уащIакъым, - жиIащ бажэм. - АдакъэкIэ къыпхуэупсащ. ЗыхыумыгъэкIыж: иджыптсу унэмысмэ, къуажэр щIегъуэжынщи, ухэкIыжащ.

Лэжьыгъэм хуэжыджэр Нартокъуэ СулътIан

Нартокъуэ СулътIан Хьэмзэт и къуэр I955 гъэм мэкъуауэгъуэм 3-м КъШР-м и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм хыхьэ ВакIуэ-Жылэ къуажэм къыщалъхуащ.
1959 гъэм я унагъуэр Псыжь (Абазэ куей) Iэпхъуащ. СулътIан абы курыт еджапIэр къыщиухащ, итIанэ Севастополь дзэм къулыкъу щищIащ, I983 гъэм КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр къиухащ, иужькIэ Ростов къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым щеджащ, апхуэдэуи и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КПСС-м и Къэрэшей-Шэрджэс обкомым марксизм-ленинизмкIэ и университетым.

Адыгэхэр къызыхэщ сериалхэр

 Тырку фильмхэр фIыуэ зылъагъухэр къахуэмыгъэсу поплъэ гъатхэпэм и II-м зи япэ Iыхьэхэр утыку кърахьэну «Явуз сулътIан Сэлим» сериалым.
 Тхыдэр зи тегъэщIапIэ теплъэгъуэхэм сыт хуэдэ зэмани щIэупщIэшхуэ яIэщ. «Явуз сулътIан Сэлим»-р драмэхэм хеубыдэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, гущIыхьэу иуххэм ящыщщ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ ягъэхьэзыр сериалым, и цIэм къызэрыхэщщи, лIыхъужь нэхъыщхьэу хэтынущ дунейпсо тхыдэм гущIэгъуншагъкIэ зи цIэр щыIуа уэсмэнокъуэ сулътIанхэм яз Сэлим Езанэр.

Чэфу рулым дэтIысхьэныр шынагъуэщ

Урысей МВД-м Шэджэм районым щиIэ къудамэм, ОГИБДД-м и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщри, КъБР-м щыIэ Урысей ФСИН-м Управленэм и район IэнатIэм и лэжьакIуэхэр ящIыгъу яхуэзащ УФ-м и УК-м и 264.I статьям ипкъ иткIэ суд зытрщIыхьа шоферхэм.
- Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэр щытеухуэжар хабзэм тетын, чэфу рулым удэтIысхьэ зэрымыхъуныр къагурыгъэIуэнымрэ нэхъ Iейм щыхъумэнымрэщ, - къыхигъэщащ Урысей МВД-м Шэджэм районымкIэ и къудамэм и ОГИБДД-м и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ полицэм и капитан Тхьэмокъуэ Валерий.