Махуэгъэпс

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 25, махуэку

♦Техьэгъуэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ

♦ДНК-м и дунейпсо махуэщ

♦Адыгэ ныпым и махуэщ

♦1920 гъэм Налшык япэ медицинэ IуэхущIапIэ къыщызэIуахащ.

♦1913 гъэм къалъхуащ АР-м и цIыхубэ тхакIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Лъостэн Исуф.

♦1944 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къуэдз Iэбубэчыр.

ЩIым и махуэ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

Зэман дэкIри, гудзакъагъэ тхэлъу щIыуэпсым дыхущытыным, гулъытэ абы хуэтщIыным теухуауэ гъатхэм кърахьэжьэ Iуэхугъуэ псоми «ЩIым и махуэ» фIащащ. Абы къытекIыу, цIыхухэм гъатхэм и кIыхьагъкIэ пщIантIэхэмрэ уэрамхэмрэ ягъэкъабзэ, жыгхэмрэ удз зэмылIэужьыгъуэхэмрэ хасэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ къэралым, жылагъуэм щрагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр даIыгъ.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 24, бэрэжьей

ЩIалэгъуалэм я зэкъуэтыныгъэм и дунейпсо махуэщ

Лабораторэхэм къыщагъэсэбэп псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

         1899 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я къекIуэкIыкIар зыджа, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Кушевэ Екатеринэ.

         1958 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-ми Ингушми щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ.

Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 23, гъубж

Тхылъымрэ авторым и хуитыныгъэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
1943 гъэм
СССР-м и Совнаркомым Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ хозяйствэр зэфIэгъэувэжыным теухуа унафэ къищтащ.
1912 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Теунэ Хьэчим.
1942 гъэм
къалъхуащ генерал-лейтенант, Абхъаз Республикэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министру щыта, Абхъазым и ЛIыхъужь Сосналы СулътIан.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 22, блыщхьэ
ЩIы-Анэм и дунейпсо махуэщ
Секретарым и дунейпсо махуэщ
Экологием къихь шынагъуэм зыщыхъумэным и махуэщ
1886 гъэм
къалъхуащ бзэщIэныгъэлI, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Елбэд Хьэсэн.
1942 гъэм къалъхуащ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, РАЕН-мрэ ЩIДАА-мрэ я академик МэкIэтIей Абдулыхь.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 19, мэрем

♦Ажэгъуэмэм и махуэр щагъэлъапIэ дунейм и къэрал куэдым

♦Урысей полиграфием махуэщ

♦1929 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор, УФ-ми АР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Щхьэлахъуэ Iэбубэчыр.

♦1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, драматург, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Журт Биберд.

Ажэгъуэмэ - уэсхэкIыкI - уэсчэсей

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

ЩIышылэ мазэм щегъэжьауэ мэлыжьыхьым икухэм нэсыху (щIыпIэр зыхуэзэм елъытауэ) гъэгъа теплъэ зиIэу щIы щхьэфэм адэкIи-мыдэкIи къыщыхэж къэкIыгъэ пасэ цIыкIухэр щыгъуэлэжыр хуабэр щIыIэм текIуэу, гъатхэр къызэрихьар ипэжыпIэкIэ наIуэ хъуа иужькIэщ.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 18, махуэку
Фэеплъхэмрэ тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэмрэ я дунейпсо махуэщ
Радиор фIыуэ зылъагъухэм, ар зэпкърылъхьэным дихьэххэм я дунейпсо махуэщ
1970 гъэм Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ «Мадинэ» япэ адыгэ оперэр ягъэуващ.
1953 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Балъкъэр Руслан.
Дунейм и щытыкIэнур

Дунейпсо щIэиным и махуэ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо советым и ассамблеем (ИКОМОС) къыщищтащ. Абы кърикIуащ щэнхабзэм и щIэин щIыпIэхэмрэ фэеплъхэмрэ жылагъуэм гулъытэ хэха щыхуащI махуэр 1984 гъэм къыщыщIэдзауэ мэлыжьыхьым и 18-м дуней псом щыгъэлъэпIэныр.

НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 17, бэрэжьей

Гемофилием (лъыр пцIэным пыщIа узыфэщ) и дунейпсо махуэщ
Циркым и дунейпсо махуэщ
УФ-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и органхэмрэ къэрал кIуэцIыдзэхэмрэ я ветеранхэм я махуэщ
1927 гъэм
къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIуащ Верэ.
1929 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м щIыхь зиIэ и машинэухуэ Ахъуэхъу Анатолэ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс