Махуэгъэпс

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 3, махуэку

         Хъарбызым и дунейпсо махуэщ

         1942 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ Налшык комитетым зыхъумэжыныгъэмкIэ гупхэр къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къищтащ.

         1994 гъэм Налшык къыщызэIуахащ Бгырысхэм я дунейпсо конгресс.

         1936 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, скульптор, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтыр зрата БжэIумых Хьид.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 2, бэрэжьей
УФ-м и Хьэуа-Десантыдзэхэм я махуэщ
1942 гъэм Налшык Дзэ Плъыжьым щхьэкIэ щагъэхьэзырат ткIуаткIуэ къауэу птулъкIэ мин 20.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 28 - 30, жэщым градус 20 - 24-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Адыгэ хабзэр адэ щIэиныжьщ.

НОБЭ

ШыщхьэуIум и 1, гъубж
Зи хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэщ
1958 гъэм «Iуащхьэмахуэ» журналым и япэ номерыр дунейм къытехьащ.
1967 гъэм Бахъсэнрэ Тэрчрэ къалэ хъуащ.
1892 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м мэкъумэш IэнатIэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Бырс Анзор.
1930 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Къущхьэ СулътIан.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 31, блыщхьэ

1955 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и член-корреспондент Чым Рашад.
1964 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, АКъУ-м и профессор Бидэнокъуэ Мурат.
1965 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Жэрыкъуэ Оксанэ.

Дунейм и щытыкIэнур

Нобэ

Бадзэуэгъуэм и 28, мэрем

Нобэ

Бадзэуэгъуэм и 27, махуэку
1922 гъэм Адыгей автономнэ областыр къызэрагъэпэщащ.
1981 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академиер къызэIуахащ. Иджы ар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетщ.
1991 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэуващ президент къулыкъур.
1924 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ, драматург Чуякъуэ Джэфар.
1928 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Iэбубэчыр Нажмудин.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 26, бэрэжьей

Эсперантэ бзэм и дунейпсо махуэщ
1936 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, тхыдэдж-архивист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Опрышкэ Олег.
1946 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ Iщыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бицу Анатолэ.
1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, КъШР-м и Правительствэм и унафэщIу щыта Къардэн Алик.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 25, гъубж

         1886 гъэм къалъхуащ Иорданием щыщ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, юстицэмкIэ министру, депутату, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Хьикмэт (МафIэдз) Умар.

         1917 гъэм къалъхуащ КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Ахъмэт Мухьэдин.

         1936 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академикыу щыта, Адыгейм щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Хъут Шэмсэдин.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 24, блыщхьэ
Уи щхьэр езым бгъэфIэжыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Кадастр инженерым и махуэр
1942 гъэм нэмыцэдзэхэм Дон Iус Ростов къалэр яубыдащ икIи Кавказыр къэзэуным яужь ихьащ.
1940 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн.

ЦIЫКIУХЭМ НОБИ ЯХУЭУПСЭ

УсакIуэ АфIэунэ Лиуан къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс