Махуэгъэпс

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 24, блыщхьэ
Уи щхьэр езым бгъэфIэжыным и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Кадастр инженерым и махуэр
1942 гъэм нэмыцэдзэхэм Дон Iус Ростов къалэр яубыдащ икIи Кавказыр къэзэуным яужь ихьащ.
1940 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ артист, УФ-м щIыхь зиIэ и артист, УФ-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Даур Аслъэн.

ЦIЫКIУХЭМ НОБИ ЯХУЭУПСЭ

УсакIуэ АфIэунэ Лиуан къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу

Нобэ

Бадзэуэгъуэм и 21, мэрем
1829 гъэм Iуащхьэмахуэ и щыгум зэи цIыхулъэ темыувауэ адыгэлI Хьэшыр Чылар къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ а къуршым дэкIащ.
1994 гъэм Къэбрдей-Балъкъэрым и Къэрал гербыр, Къэрал ныпыр, Къэрал гимныр къащтащ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 29 – 30, жэщым градус 2I – 24-рэ щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 20,  махуэку

Тортым и дунейпсо махуэщ

1561 гъэм Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ чыристан диныр кърагъэщтащ, Марие цIэри фIащащ.

1927 гъэм къалъхуащ къэрал, парт лэжьакIуэ, политик Къущхьэ Гъумар.

1938 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, егъэджакIуэ, философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, техникэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хъурей Феликс.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 19, бэрэжьей
Мамкъут зыдэлъ хьэлывэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ мафIэс къэмыгъэхъуным кIэлъыплъ къэрал къулыкъущIапIэр къыщызэрагъэпэща махуэр
1942 гъэм Къардэн Къубатий Берёзовскэ куейм фашист кхъухьлъатитI къыщриудыхат.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ.  Хуабэр махуэм   градус 27 – 28-рэ, жэщым градус 18 – 22-рэ щыхъунущ.

Миклухо-Маклай и цIэм ирапхащ

    А щIэныгъэр япэ дыдэу дунейм къытезыгъэхьауэ къалъытэр Пасэрей Алыджым щыпсэуа тхыдэтх цIэрыIуэ Геродотщ, Тавридэмрэ (иджырей Кърымым) Фригиемрэ иса лъэпкъхэм, абыхэм я гъунэгъуу щыса скифхэм я гъащIэмрэ хабзэу зэрахьамрэ ятетхыхьауэ щытарщ.

Сытым щыгъуи дунейм тетащ нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхэтыкIэ-псэукIэр, хабзэу зэрахьэхэр зыхуэдэр зыфIэгъэщIэгъуэну къэгъуэгурыкIуа цIыхухэр.

Пщэдей Металлургым и махуэщ

ГъущI гъэткIухэм я махуэ зыфIащар гъэлъэпIэн щыщIадзар Хрущёв Никитэ ди къэралым и Iэтащхьэу щыщытарщ. Ар щытета илъэсхэм ящыщу 1957 гъэм, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ, Металлургым и махуэр хагъэунэхукIат.

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 17, блыщхьэ

♦Уголовнэ щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм я хьэкумыр щIэным епха IэнатIэхэм я дунейпсо махуэщ

♦1942 гъэм къалъхуащ КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIу лэжьа, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, УФ-м щIыхь зиIэ и ухуакIуэ Уэз Анатолэ.

♦1948 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Къардэн Мухьэдин.

Дунейм и щытыкIэнур

БахъэрызекIуэм и къэунэхукIэ

      

БахъэкIэ лажьэ кхъухь япэ дыдэу дунейм къытезыгъэхьауэ къалъытэр Франджым XVIII лIэщIыгъуэм щыпсэуа маркиз, топыдзэм и офицер, инженер IэщIагъэм езыр-езыру зыхуезыгъэсэжа Клод Франсуа Дороте де Жоффруа д'Аббэщ.

         1783 гъэм бадзэуэгъуэм и 15-м, а лIым и жэрдэмкIэ, Лион къалэм пэгъунэгъуу щежэх Соне псым траутIыпщхьат дунейм щыяпэ бахъэрызекIуэ кхъухьыр, нэхъ тэмэму къыжыпIэмэ, пироскафыр (алыджыбзэщ, «пир» - мафIэ, «скафос» - кхъухь).

НОБЭ

Бадзэуэгъуэм и 14,  мэрем

         1945 гъэм Париж къалэм ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ. Япэ иту уэрамым ирикIуащ Франджым и ЛIыхъужь адыгэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан.

         1957 гъэм Налшык щекIуэкIащ СССР-м ис лъэпкъ псоми я тхакIуэхэм я лIыкIуэхэр зыхэта пшыхь гъэщIэгъуэн.

         1965 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым уэрэдымрэ къафэмкIэ и «Кабардинка» къэрал ансамблыр къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблу зэрахъуэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс