|
Махуэгъэпс
7 июля, 2023 - 07:27
Бадзэуэгъуэм и 7, мэрем
♦1918 гъэм Советхэм Екатеринодар (иджырей Краснодар) щрагъэкIуэкIа съездым унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэ республикэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
♦1931 гъэм Урысейм къыщызэрагъэпэщащ мэзхэр, кхъухьлъатэхэр къагъэсэбэпурэ, хъумэным хуэщIа IэнатIэ.
♦1971 гъэм КIыщокъуэ Алим СССР-м и Литературэ фондым и унафэщIу хахащ.
Дунейм и щытыкIэнур
6 июля, 2023 - 12:54
Бадзэуэгъуэм и 6, махуэку
1557 гъэм Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм гухьащ.
1957 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и гуфIэгъуэ сессие зэхэтащ. Ар теухуауэ щытащ Къэбэрдейр езым фIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъуам икIи республикэм Ленин орденыр етIуанэу къызэрыратам.
1954 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, Тэрч щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIу щыта Пэнагуэ Максим.
5 июля, 2023 - 08:00
Бадзэуэгъуэм и 5, бэрэжьей
Лэжьэрейм и дунейпсо махуэщ
1957 гъэм Налшык Лениным и фэеплъ къыщызэIуахащ.
1663 гъэм къалъхуащ Къэбэрдейм и пщы уэлий, Къэнжал зауэм текIуэныгъэр къыщызыхьа адыгэдзэм и пашэу щыта ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ.
1900 гъэм къалъхуащ шэрджэс тхакIуэ Абыкъу Хъалид.
4 июля, 2023 - 05:19
Бадзэуэгъуэм и 4, гъубж
1766 гъэм къалъхуащ убыххэм я дзэпщ цIэрыIуэу щыта, Кавказ зауэм и лIыхъужь Бэрзэдж Дэгумыкъуэ Хьэжы-Исмэхьил.
1920 гъэм къалъхуащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къардэн Къэбард.
1967 гъэм къалъхуащ тележурналист Жэман Мадинэ.
1975 гъэм къалъхуащ дунейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион Бажэ Заудин.
Дунейм и щытыкIэнур
3 июля, 2023 - 08:11
Бадзэуэгъуэм и 3, блыщхьэ
♦ГИБДД-м (ГАИ-м) и лэжьакIуэхэм я махуэщ
♦Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщ
♦1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УказкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Ленин орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ.
Дунейм и щытыкIэнур
30 июня, 2023 - 12:01
Мэкъуауэгъуэм и 30, мэрем
Парламентаризмэм и дунейпсо махуэщ
Астероидым и дунейпсо махуэщ
1908 гъэм Бахъсэн, Дзэлыкъуэ мэкъумэшыщIэхэм зыкъаIэтащ.
1891 гъэм къалъхуащ шыхъуэ цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Щоджэн ТIэлашэ.
1945 гъэм къалъхуащ Канадэм щыщ профессор, адыгэбзэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, нарт эпосым тетхыхьа Коларуссо Джон.
29 июня, 2023 - 11:00
Мэкъуауэгъуэм и 29, махуэку
Урысей Федерацэм щагъэлъапIэ партизанхэмрэ тылым щэхуу щылэжьахэмрэ я махуэр
Кхъухь зыухуэм и махуэщ
1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Балъкъэр Юрэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 - 28-рэ, жэщым градуси 19 - 21 щыхъунущ.
27 июня, 2023 - 06:00
Мэкъуауэгъуэм и 27, гъубж
♦Урысейм и щIалэгъуалэм я махуэщ
♦Бдзэжьей ещэным и дунейпсо махуэщ
♦Тропик мэзхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
♦1979 гъэм «КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ» цIэ лъапIэр ягъэуващ.
♦1968 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и академик Хьэткъуэ Самир.
Дунейм и щытыкIэнур
26 июня, 2023 - 10:55
Мэкъуауэгъуэм и 26, блыщхьэ
Наркоманиемрэ наркотикхэр щэнымрэ ебэныным и дунейпсо махуэщ
Залымыгъэ зыкIэлъызэрахьахэм къащхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ
1920 гъэм Налшык и Затишье хьэблэм къалэм и япэ санаторэ къыщызэIуахащ.
1938 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутатхэр япэу хахащ.
1938 гъэм къалъхуащ режиссёр, КъШР-м и цIыхубэ тхакIуэ Абдокъуэ Маталио.
25 июня, 2023 - 08:00
Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэту 2023 - 2024 гъэхэм Урысей Федерацэм и щIыналъэ псоми щагъэзэщIэнущ «ЩIыуэпс» къэрал программэм и унэтIыныгъэ нэхъ инхэм ящыщ зыр. Ар хуэунэтIащ цIыхухэр лэжьыгъэкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэр иджырей щIыуэпс къабзагъэ мардэхэм ткIийуэ тегъэувэным.
Страницы
|