Махуэгъэпс

НОБЭ

Гъатхэпэм и 20, бэрэжьей

ЩIым и дунейпсо махуэщ
Насыпым и дунейпсо махуэщ
Астрологием и дунейпсо махуэщ
Социальнэ лэжьыгъэм и дунейпсо махуэщ
Лы мышхыным и дунейпсо махуэщ
1944 гъэм
Докшукинэ спирт заводым, зэрагъэпэщыжа нэужь, лажьэу щIидзэжащ.
1992 гъэм «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэмрэ «Дыщэ Вагъуэ» медалымрэ ягъэуващ.
1910 гъэм къалъхуащ «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зыхуагъэфэща Мусэ Менлы.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 19, гъубж
Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэм и дунейпсо махуэщ
Урысейм и псыщIагъырыкIуэ кхъухьхэм къулыкъу щызыщIэхэм я махуэщ
1930 гъэм къалъхуащ композитор, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Къашыргъэ Билал.
1945 гъэм къалъхуащ къэфакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ ДзыхьмыщI Зарэ.
 
Дунейм и щытыкIэнур

НОБЭ

Гъатхэпэм и 18, блыщхьэ

1913 гъэм Налшык къыщызэIуахащ округым и лъэпкъхэм я I съездыр.
1930 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м, КъШР-м, АР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик, «Хэкум и пащхьэм щиIэ фIыщIэхэм папщIэ» орденым и 4-нэ, 3-нэ нагъыщэхэр зыхуагъэфэща Хъупсырокъуэ Хъызыр.
1932 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 15, мэрем

♦ЩэхуакIуэхэм я хуитыныгъэр хъумэным и дунейпсо махуэщ

♦Социальнэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIыным и дунейпсо махуэщ

♦1917 гъэм ПIалъэкIэ щыIэ Правительствэм и орган Тэрч къыщызэрагъэпэщащ.

♦1880 гъэм къалъхуащ адыгэхэм я цIыхубэ лIыхъужь Къылыш СулътIан-Джэрий.

♦1913 гъэм къалъхуащ адыгей драматург, актрисэ Натхъуэ Долэтхъан.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 14, махуэку

♦1853 гъэм адыгэбзэкIэ къыдэкIащ Берсей Умар и «Адыгэ псалъалъэр».

♦1995 гъэм Налшык экономико-правовой лицей къыщызэIуахащ.

♦1913 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, Куржымрэ Абхъазымрэ гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Гулиа Георгий.

♦1937 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, литературэдж, критик, КъБР-м щэнхабзмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 13, бэрэжьей
Вагъуэхэм щакIэлъыплъ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щагъэлъапIэ Геодезиемрэ картографиемрэ я лэжьакIуэхэм я махуэр
1939 гъэм къалъхуащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цIыхубэ артист Шумахуэ Владимир.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 12, гъубж

         ИнтернеткIэ цIыхухэм якIэлъыплъыныр мыдэным и дунейпсо махуэщ

         Урысейм ЮстицэмкIэ и министерствэм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэщ

         1912 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-ми КъБР-ми щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта, 1965 - 1973 гъэхэм КъБКъУ-м и ректору щыта КIэрэф Къамболэт.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 11, блыщхьэ

♦УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ

♦Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.

♦1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 7, махуэку

Театрым зэрыщIыхьэ билетхэр зыщэ кассирым и махуэщ

♦​1960 гъэм Куба щыщ жэмыш Пащты Салимэ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ.

♦​1919 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Жанэ Къырымызэ.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 - 4, жэщым градуси 2  щыхъунущ.

НОБЭ

Гъатхэпэм и 6, бэрэжьей

Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ

Глаукомэ узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ

1929 гъэм къалъхуащ абхъаз тхакIуэ, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Искандер Фазиль.

Дунейм и щытыкiэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 6 - 7, жэщым градуси 2 - 4 щыхъунущ.

 

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Страницы

Подписка на RSS - Махуэгъэпс