|
Махуэгъэпс
1 марта, 2024 - 09:34
Гъатхэпэм и 1, мэрем
Граждан зыхъумэжыныгъэм и дунейпсо махуэщ
Гуапагъэ зэжеIэным и дунейпсо махуэщ
СПИД узыфэр зыпкърытхэм ящымымэхъэшэным и дунейпсо махуэщ
1897 гъэм къалъхуащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI, и гуащIэм къыпэкIуауэ орден, медаль зэмылIэужьыгъуэхэр зрата Щауэ Данил.
Дунейм и щытыкIэнур
29 февраля, 2024 - 08:18
Мазаем и 29, махуэку
Лэжьыгъэ хьэлъэм къыхэкI фэбжьхэр гъэмэщIэным и дунейпсо махуэщ
Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм и махуэщ
НэгъуэщIым и унафэм щIэту лажьэхэм я дунейпсо махуэщ
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 - 5, жэщым щIыIэр градуси 4 - 1 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
28 февраля, 2024 - 08:50
Мазаем и 28, бэрэжьей
Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ
1937 гъэм къалъхуащ адыгэ усакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэ Къанкъул ФIыцIэ.
1942 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сонэ Абдулчэрим.
1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щэрдан Нодар.
27 февраля, 2024 - 05:31
Мазаем и 27, гъубж
Мыщэ хужьым и дунейпсо махуэщ
Правительствэм и нэIэ щIэмыт зэгухьэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ
Урысейм щытыкIэ хэхам деж къагъэсэбэп и къарухэм я махуэщ
1945 гъэм Мэсей Аслъэнджэрий «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр къыфIащащ.
1940 гъэм къалъхуащ шэрджэс сурэтыщI Мэзукъэбз Хьэзрэт.
26 февраля, 2024 - 12:06
Зэманыр псынщIэу макIуэри, илъэсхэр къэгъэнауэ, мазэ къэс ди гъащIэм щIэ гуэрхэр къыхелъхьэ. Апхуэдэщ дызыхэт мазаери. ИкIи ар къазэрыщхьэщыкIри, мы гъэм махуэ 29-рэ зэрикIыхьагъым и закъуэкъым.
Нэхъапэхэм зэи щымыIауэ зэуэ цIыху куэдым (гуп зэмылIэжьыгъуэхэу 40-м щIигъум) ахъшэу (пособиехэу, компенсацэхэу) яIэрыхьэм хущIагъунущ. Зэрыхагъэхъуэнури проценти 7,4-кIэщ. Статистикэм къитахэм ятепщIыхьмэ, нэгъабэ апхуэдизкIэщ инфляцэм зэрызиIэтар. Абы къокI мы Iуэхур псом япэу яхуэгъэзауэ нэхъ хуэмыщIахэр, лъэрымыхьхэр уасэхэр зэрыдэкIуейм щыхъумэным.
26 февраля, 2024 - 08:50
Мазаем и 26, блыщхьэ
♦1940 гъэм къалъхуащ тхакIуэ Щауэ Къалидар.
♦1953 гъэм къалъхуащ адыгэ сурэтыщI, IуэрыIуатэдж, РАХ-м и дипломант, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и художник ГъукIэ Замудин.
♦1965 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутат, Афганистаным щызэуахэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта, къэрал дамыгъэ лъапIэ зыбжанэ зыхуагъэфэща Тхьэгъэлэдж Тимур.
22 февраля, 2024 - 06:00
Мазаем и 22, махуэку
♦ЩIэпхъаджагъэ зыкIэлъызэрахьа цIыхухэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
♦1942 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Щауэ Мухьэмэд.
♦1954 гъэм къалъхуащ КъБР-м и Парламентым и депутату щыта, Къэбэрдей-Балъкъэрым мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Мартин.
21 февраля, 2024 - 04:48
Мазаем и 21, бэрэжьей
Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ
Экскурсиер езыгъэкIуэкIым и дунейпсо махуэщ
1819 гъэм Санкт-Петербург къэрал университетыр къызэIуахащ.
1920 гъэм Урысейр электрификацэ щIынымкIэ и къэрал комиссэр (ГОЭЛРО) къызэрагъэпэщащ.
1922 гъэм къалъхуащ шапсыгъ тхакIуэ цIэрыIуэ Лохвицкий Михаил (Аджыкъу-Джэрий).
19 февраля, 2024 - 09:35
Мазаем и 19, блыщхьэ
Джейхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
1954 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэкIэ Кърым областыр РСФСР-м хагъэкIри, Украинэм иратащ.
1949 гъэм къалъхуащ адыгэ макъамэдж Къардэн Юлие.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градуси 5, жэщым градус 1 - 2 щыхъунущ.
Страницы
|