Литературэ

Бжьыхьэ дыгъэпс

Дунейм и дахэгъуэщ. Къытепсэ бжьыхьэ дыгъэр фIэбэмащIэу, шындэбзиймкIэ щопэщащэ Зулэ.
… « Гъатхэ дыгъэр си нысэм типси, бжьыхьэ дыгъэр си пхъум типсэ», - жызыIам и Iуэху зыIутар тхьэм ищIэнщ, ауэ, жыпIэнурамэ, хэлъщ а бжьыхьэ дыгъэпсым нэсу дызыщымыгъуазэ къару щэху гуэр. Псоми ухуэнэплъэIусынри Iэмалыншагъэкъым… Чыхум хыхьэжа гупсысэхэм здыхэтым, хьэнцейгуащэ къезышэкIхэм я макъ къызэхихащ абы. Телъыджэщ, Зулэ къыхуэгубзыгъыжыркъым, иужь дыдэу хьэнцейгуащэ щилъэгъуар. ИIыгъ пщIантIэ жыхапхъэр хыфIидзэри, макъыр къыщыIу куэбжэпэмкIэ жащ.

ЩIыуэпсым тетхыхьащ

Пришвин Михаил урыс тхакIуэщ. 

Гримм зэшхэр

Гримм зэкъуэшхэр нэмыцэ тхакIуэхэщ, щIэныгъэлIхэщ. Якоб 1785 гъэм, Вильгельм - 1786 - м Ханау къалэм къулыкъущIэ унагъуэм къыщалъхуащ. 

Анэм я лей

Iуэтэж

 Анэ псори зэхуэдэкъым, хэти Тхьэм кърита сабийм хуейкъым, хэти бын игъуэтыныр и хъуэпсапIэ нахуэщ, я хъуреягъыр арэзы ящIын папщIэ сабий зэзыгъэгъуэтхэри мащIэкъым.
Мы гъэм бзылъхугъэ 100 000-м сабий ныкъуэдыкъуэ ягъуэтынущ. Фегупсысауэ пIэрэ фэ зэгуэр апхуэдэ сабийхэм я анэхэр къызэрыхах щIыкIэм?..
Си нэгу щIэтщ къытхуэсакъыпэу къытхэплъэ Тхьэр. Абы зыгуэрхэр зэрегъэзахуэри, мелыIычхэм унафэ яхуещI. 
«Армстронг Бетти, къуэ ефт. Сабийм и хъумакIуэу щытынур - Матвей мелыIычырщ».

Адыгэм зэритха къудейм щхьэкIэ…

Пушкиным и лъэхъэнэгъуу щыта япэ адыгэ тхакIуэ СулътIан Къаз-Джэрийрэ Инат Кърым-Джэрийрэ ятеухуауэ иджыри къэс дызыщыгъуазэр мащIэщ.

         Къаз-Джэрий и зэчийм зиужьынымкIэ сэбэпышхуэ хъуащ урыс щIэныгъэлIхэр, тхакIуэ цIэрыIуэхэр. Мыин дыдэу гъэпса тхыгъитIымкIэ Къаз-Джэрий нэрылъагъу къищIащ тхэным зэрыхуэгурыхуэр, зэхэщIыкIышхуэ зэриIэр.

Щхьэхуещэ Сэлихь и дыщэ бдзэжьейр

Iуэтэж

(ЕтIуанэ Iыхьэ)

А махуэр апхуэдэу иухами, абдеж Iуэхум кIэ щигъуэтакъым. Сэлихьу плъагъум етIуанэ махуэми тригъэзащ. Ар бдзэжьейм хузэгуэпыщэрти, и дзапэ уэрэд тIэкIури щыгъупщэжауэ, Назирэт и гугъуи имыщIу, «къыздэкIуэ» хъыбари хэмытыжу, и нэм щIы имылъагъуу, и дзэхэр зэригъэшхыу кIуэрт и щхьэ хуэгъумэтIымэжу. Абы зыгуэр къыкIэщIэдэIухьатэмэ, пцIы хэмылъу, къызэрыщыхъунур мыпхуэдэу къыщIэкIынт: хэту щытми, Сэлихь зыгуэр къыхурикъуащ, щIыхуэшхуэ Iихыу зигъэбзэхыжа хъунщ…

Хьэмтал и пшыхь гукъинэхэр

Ди адыгэ IуэрыIуатэм лъагъуныгъэ хуэщIынымкIэ си гъащIэм щIыпIэшхуэ щеубыд си егъэджакIуэхэм къинэмыщIауэ, сызэрыцIыкIу лъандэрэ зи таурыхъ, хъыбар мыухыжхэм сащIэдэIуу сыкъэзыгъэтэджа си адэ къуэш Шэрджэс Хьэмтал.

Ар нэгъэсауэ хуэIэижьт адыгэ IуэрыIуатэм и теплъэу хъуам: таурыхъхэм, шыпсэхэм, къебжэкIхэм, хъыбарыжьхэм, уэрэдыжьхэм. ШыкIэпшынэ, къамыл хуэдэхэм емыуэфми, адрей псоми хэзагъэрт, дахащэу гуп зэхигъэст, къыхуэт щымыIэжу и гуащIэкIи, и ерыскъыкIи жумартышхуэт.

Дадэхъан

Iуэтэж

 ЛIэщIыгъуэ IэджэкIэ узэIэбэкIыжмэ, зы фызыжь цIыкIурэ зы лIыжь цIыкIурэ зэщхьэгъусэу псэугъащ. ЛIыжь цIыкIум и цIэр Дадэхъант, фызыжь цIыкIум - Нанэхъант. АпхуэдизкIэ ахэр факъырэти, я лъапсэр псыдзэм ихьа хуэдэт. 

БгъуэнщIагъым («ПланетэщIэ» псысэм щыщ)

«Вега-234» хьэршырыкIуэ кхъуафэм дису дыздынэсам и щIыпIэ зэманымкIэ сыхьэтиплIрэ дакъикъэ плIыщIрэ тхум, ПланетэщIэм и щэрэ тIощIрэ еханэ бгъуэщIым дыщетIысэхащ.

Лъэпкъырщ лъапсэр

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Теунэ Хьэчим и гупсысэ кIэщIхэм къахэтха зыбжанэ фи пащхьэ идолъхьэ. 
Жьэгумрэ уэнжакъымрэ
Унэм и псэр жьэгумрэ уэнжакъымрэщ. Пэжкъым жыпIэрэ! АтIэ зы тхьэмахуэ къудей мафIэ умыщIи, уи унэр псыIэмэ зэрыхъум, нэщIыфэ абы къызэрытеуэм, зеиншафи ар зэрыхъум еплъыт.
Моуэ дымэжэлIауэ дыкъыщIыхьэжым, ди ныбэ из зыщI ерыскъыр къызыпэрахыжри, дыпIыщIауэ дыкъэкIуэжым дызыгъэхуэбэжри, е гуныкъуэгъуэ диIэу къэдгъэзэжамэ, ди пIэ дизыгъэувэжыр жьэгужьыращ.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ