Литературэ

«Шэрджэс» псалъэр къыздикIар

Хьэрыпым я деж щIалэ гуэр щыIэт. Ар зэрыуэлийр зыми ищIэртэкъым. Зы махуэ гуэрым азэн джэрт. Мухьэмэд-Чэрэб жыхуаIэм муIэзиным жриIащ:

Къэзылъэфри зылъэфыжри…

(Бэзэрщауэ и гукъэкIыжхэр)

Мэлыжьыхьым и 1-р Ауанымрэ гушыIэмрэ я дунейпсо махуэщ

Тхьэм гушыIэр и щIасэщ!
Мэлыжьыхьым и 1-м Iыхьлыхэм, благъэхэм, ныбжьэгъухэм дэгушыIэ хабзэщ. Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, мэлыжьыхьым и I-р нэхъапэм ягъэлъапIэу щытащ гъэрэ щIырэ щызэхэкI махуэу. МафIэщхьэтыхьыр, нэгъуэщIу жыпIэмэ ИлъэсыщIэр, сыт щыгъуи гушыIэрэ ауанкIэ гъэнщIат. А махуэшхуэм и хабзэхэр иджыри кIуэдыжакъым. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуауэ къалъытэр щIыуэпсым и щытыкIэрщ, гъатхэ уэшхырилэр, уэтIпсытIыр, махуэ нэщхъеифэхэр ауанрэ гушыIэкIэ ягъэдахэрт… 

Адыгэбзэм и дахэрэ и IэфIрэ зыхозыгъащIэ

Ди нэхъыжьыфI Жэмыхъуэ Iэбубэчыр адыгэбзэ дахэкIэ тхэ, гупсысэ куу зиIэ, зэгъэкIуауэ ар тхылъымпIэм нэзыхьэсыф цIыхущ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ «Iуащхьэмахуэ» журналым. Иджы мурад тщIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и электрон къыдэкIыгъуэм еджэхэми абыхэм ящыщ зы я пащхьэм итлъхьэну. Фигу ирихьмэ, ди гуапэщ.

 

ЖЭМЫХЪУЭ  Iэбубэчыр

ГУКЪЕУЭ

Iуэтэж

ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ

Рассказ

2 Iыхьэ

  Сурэтхъан  и макъыр нэхъ щэху хъуурэ, тIысыпэри, щым хъуащ. И гур къызэфIэзэрыхьа хъунт.

    - Псы тIэкIу уеIубын? – сыкъэгузэвэжауэ соупщI.

    - Хъунт, тхьэ.

 Псы стэчан къыхуизгъэхъуам, Iэдэб дыдэу зэ йоIубри, къызетыж.

    - Упсэу, дахэ.

   Сэри, зы щытыкIэ дахэ иджыри дэслъэгъуащи, пщIэ хуэсщIыр нэхъ лъагэж хъуауэ соплъ, и макъыр зэтрегъэувэжри, пещэж.

Щызэдагъэхъар гъунэншэщ

Кавказыр къыщазэу лъэхъэнэ дыджым лIыгъэ зезыхьа ди лъэпкъэгъухэм я сатырым вагъуэ лыду зи цIэр къахэщхэм ящыщщ Сэфралыкъуэ Мэт.

Си жэнэт

Си гъатхэт абы щыгъуэ. ЩIымахуэку дыдэм къысхуэкIуа гъатхэ. Сэ фIэкIа, нэгъуэщIым илъагъуртэкъым абы щыгъуэ дунейр дахащэу зэрыгъэгъар. Къигъэхуабэрт си гур мо щIымахуэ щIыIэм.

ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ

Литературэ 
ГъащIэм и кIапэр къэпIэтмэ
Рассказ
1 Iыхьэ
Зэгуэрым, си ныбжьэгъу хъыджэбзыр къыщалъхуа махуэр игъэлъапIэрти, куэд щIауэ къыхуэсщэхуауэ щылъ саугъэтыр згъэщIэращIэри, сыкIуащ я унэм. Бжэр Iузыхар и анэращ:
  - Уа-а-рэ, мыбы къэкIуар… Къеблагъэ, къеблагъэ! КъыщIыхьэ, щхьэ ущыт абдеж, хамэ нэхъей?! – си Iэр иубыдауэ, сыукIытапэурэ, сыщIешэ, Iэгъур – лъэгъур, лъэгъугъуафIэ фыз нэ фIыцIэм.

Ахъмэт и фо изщ

(Къэхъуа)

Адыгэхэм куэд щIауэ къадокIуэкI апхуэдэ псалъэжь.

Ахъмэтыбг и гъуанэхэм бжьэ ист, фор бгы гъуанэм къитIэтIурэ, Ахъмэтыбг и лъабжьэм щIэж псым хэкIуасэрт, цIыхуми бжьэхэми я сэбэп хэмылъу…

ЩакIуэ Iэзэхэу, зэхэзекIуэ зиIэурэ зи гъащIэр къэзыхьа зэныбжьэгъу гупым таучэл ящI Ахъмэтыбг фоухьэ кIуэну: Къэсейхьэблэ щыщу Даурхэ Нухьрэ Андемыррэ, Кхъуэхъу Нухь, Локъуажэ ЦIыкIу щыщу КIуж Мыхьэмэт, Жу Хьэжумар сымэ.

Адыгэ

Рассказым щыщ Iыхьэ 

И лъэнкIапIэм къытехьэу Аслъэн-бей къепхъухат тырку кIагуэ къуэлэн кIыхьыр. Иджы ар зэтекIуэтати, дыгъэ бзийхэр зытеджэгукI и цей хьэзырыбгъэр къыщIэщырт. Арат къозыгъащIэр Аслъэн-бей и гъусэхэм зэрамылъэпкъэгъур. IэщэкIэ апхуэдэу зи бгъэгур зыгъэщIэращIэ хабзэр кавказ цIыху уардэхэрщ. 
Фэеплъ сыну кхъухьыпэм трагъэжыхьами ярейт Аслъэн-бей – мыхъейуэ абы тетт, илъагъум и нэр тенауэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ