Литературэ

Усэхэр

Уриныкъуэщ зым

ЖаIэ цIыху къэс и псэр
Ныкъуэу къигъэщIауэ.
Аращ псэгъу зимыIэр,
Гугъэр кIэрыщIауэ,

Лъыхъуэу нэкIи гукIи,
ПIащIэу къыщIэнар.
Аращ хузэфIэкIыр,
Аращ къыхуэнар…

Дызэрихуэу бампIэм
ЖэщкIэ дымыжей.
ИкIкъым псэр гъэрыпIэм,
Тафэм тена джейщ.

Хуейкъым и фIэщ хъуну
Ныкъуэу къигъэщIау,
Псэгъуу хуэфэщэну
Тхьэм къыримытау.

Гугъэр гъащIэм щыщщи,
Егъэхуабэ псэр.
Ныкъуэри гъунэгъущи,
Хуабэм ещIыр гъэр.

Джэду

Къэмыгупсыса хъыбар

         Мы хъыбарыр къыщыхъуа жэщыр, пшагъуэм сыхэтым хуэдэу, ерагъыу сщIэж къудейуэ арщ. Си ныбжькIэ илъэсиплI сыхъуу къыщIэкIынт абы щыгъуэ. Ауэ си гумм къыщIинар си адэм деж къыщIыхьэ и ныбжьэгъухэм, гъунэгъухэм яхуиIуэтэжурэ иридыхьэшхыу зэрыщытарщ.

Си адыгэбзэр

Эссе

Иужьрей нарт

1

ПIастэр щагъэкIри кIэртIофыр къыздикIри пщыгъупщэжынкъым

Зы махуэ гуэрым Iиблис Хъуэжэ деж къыщIыхьэри, мэкъумэш лэжьыгъэхэм теухуауэ къеупщIу щIидзащ. 1иблис къызэреупщIхэм Хъуэжэ щIэдэIури, къыгурыIуащ абы мэкъумэшым зыри зэрыхимыщIыкIыр.

Жылагъуэ

ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур ди республикэм щыцIэрыIуэ цIыхущ. «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр зезыхьэ Марие илъэс 50-м щIигъукIэ псэ хьэлэлу пэрытащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм. Апхуэдэу ДыщэкIыр Шэджэм районым хыхьэ Лашынкъей къуажэм дэс цIыхубзхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэщ. Марие егъэджакIуэ Iэзэ, гъэсакIуэ гумызагъэ, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэр къудейкъым. Абы и къалэмыпэм, методикэ тхылъ купщIафIэхэм ящIыгъуу, къыщIокI усыгъэ дахи.

И усэхэр къабзэщ

Iэпщэ Анзор ХьэтIохъущыкъуей Ищхъэрэ къуажэм щыщщ. Студентщ, Налшык гъуазджэмкIэ институтым хэт колледжым макъамэр щедж. НыбжькIэ щIалэми, пшынауэ Iэзэщ, зэрыцIыкIурэ абы зыхуегъасэ. А псом нэмыщI, Анзор усакIуэщ. Илъэс зыбжанэ хъууэ аращ усэ итхыу зэрыщIидзэрэ. Ауэ усыгъэр и гум къызэрихьэрэ зыкъом щIауэ къыщIэкIынущ - и усыгъэм хыболъагъуэ куэдрэ тIыгъуа гупсысэхэр.

ПСОРИ БЛЭКIЫНУЩ

Iуэтэж

Хъуэхъу псалъэхэр

Пщэдджыжьым зэхуэзэмэ,  «Уи пщэдджыжь фIыуэ!» жаIэ.

Махуэм зэхуэзэмэ,  «Уи махуэ фIыуэ!» – жаIэ. Пщыхьэщхьэм зэхуэзэмэ,  «Уи пшыхь фIыуэ!» – жаIэ. Пщыхьэщхьэм (жэщу) щIэкIыжым унагъуэм яжыреIэ: «Фи жэщ фIы ухъу!» е «НэхулъэфI фыкъикI!».

ЖызыIар нэхъыщIэмэ,  «НасыпыфIэ ухъу!» е «ГъащIэ кIыхь ухъу!» – къыжраIэж.

ЖызыIар нэхъыжьмэ, «Жьыщхьэ махуэ ухъу!» – къыжраIэж.

Гъуэгу техьэм «Гъуэгу махуэ!»  жраIэ.

Зипхъу яшам, – «Лъэдакъэ махуэ Тхьэм къыфхущинэ, лъапэ махуэ Тхьэм иригъэхьэ!» – жраIэ.

Дадэ нэху

Ди еджапIэм и щIыбагъымкIэ топджэгупIэ ин иIэщ. Абы и хъуреягъкIэ жыг сатырхэр дахэу щагъэкIащ. Лъэс зекIуапIи мывэ джафэкIэ ящIауэ кIуэцIрокI. Жыгей мэз цIыкIум хуэдэщ, зыщыбгъэпсэхуну, къыщыпкIухьыну тхъэжыгъуэщ. Iуащхьэ щхьэгуэм сыдэкIуеяуэ къызолъагъу, лъагъуэм тету зы дадэ, нану къызэрырашэкI гу цIыкIуи иIыгъыу кърикIуэу. НыбжьыфI зиIэ дадэ зэщIэкъуа, быдэу ету зытедза джанэ-гъуэншэдж щыгъым зы упIышкIугъи имыIэу, хужьыбзэу тхъуа и щхьэц щабэри дахэу ежьэкIауэ. Гъунэгъу къыщыхъум, гуфIэжу гу цIыкIум ис нану дыгъэм сыIуплъащ. Илъэсым щIигъуами арагъэнт.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ