Литературэ

Iуащхьэмахуэ и псысэ

Дунейр псыкIэ щикъутэжым щыгъуэ, Нухь бегъымбарым и кхъухьыр гъуни нэзи зимыIэж хы гущIыIум къытенауэ щытащ. Зэман зыбжанэкIэ псым тетащ ар. Кавказ къурш екIуэкIхэр зэлъигъэIэсащ, Iуащхьэмахуэ жьэхэуэху. АдкIэ Нухь бегъымбарым и кхъухьыр мыкIуэжыф хъуащ, икIи Нухь Iуащхьэмахуэм табущхьэщэщкIэ елъэIуу щIидзащ къуршым щхьэдигъэхыу адэкIэ иутIыпщыну. АрщхьэкIэ Iуащхьэмахуэ ауи идакъым. ИтIанэ пщIэншэу лъаIуэурэ еша Нухь бегъымбарым жиIащ:

ЦIыхубз щIалэжь

гушыIэ
ЕплIанэ Iыхьэ  
5
Сыт Хьэрф хуэдэу географием делэ ихъукI егъэджакIуэр зыщIэбэгынкIи хъунур? Пэжщ! Езым хуэщIэр зыгуэрым иригъэщIэным. Iущыцэ сабиижкъым, щIэныгъэм и ней щыхуащ. Ауэ борш щыхуэгъавэкIэ, еджэкIэ иримыгъэщIэфыну пIэрэ? И цIэр тхыгъэм кIэщIэту илъагъуну щыфIэфIкIэ, и цIэ-унэцIэр пэжу щыхуэтхыжкIэ (хьа-хьа-хьа), зы псалъэуха-псалъэухаитI, е абзац-абзацитI, хуэмурэ тхыгъэ-тхыгъитI еджэуи пхуегъэсэнущ! 

АнэнэпIэс

Къэхъуа хъыбар

Хывхэр

Хъыбар кIэщI

ПщIантIэ зэв кIыхьым хыв гуп зэкIэлъхьэужьу къыдокI. Фэ Iувыр къызэпхачыну къоныкъуэкъу жыпIэнщ, лъакъуэр зэблахыху тхыцIэм къытридзэ дзажэ зэкIэрыблэр щыплъагъукIэ.

Щхьэгъубжэм удэплъмэ…

Новеллэ
Бжьыхьэ уэшхыр ныщхьэбэ хъийм икIащи, екIуэлIапIэншэу щхьэгъубжэ къэс тоуIуэ. Ар щIыхьэнут а унэхэм язым, зигъэпсэхунут, ауэ цIыхухэр апхуэдэ хьэщIэ хуейкъыми, «къеблагъэ» къудей къыжрамыIэу щхьэгъубжэхэр хуащI. Ар зи жагъуэ хъуа уэшхыр, нэпс щIыIэу, абджым йожэх. 

ЦIыхубз щIалэжь

                                                                                                                                гушыIэ
                              Ещанэ Iыхьэ 
                             Дали и хъыбарыр

Мыщэ

Илъэситху фIэкIа сымыхъуами, къалэн Iэджэ пщэрылъу сиIэт. Ди адэ-анэр лэжьакIуэ кIуа нэужь, си къуэш нэхъыщIэхэм сакIэлъыплъын, ди анэшхуэ Фаризэт сыдэIэпыкъун хуейт. А псом и щIыIужкIэ, пэшхьэкум мафIэр зэхэмыкIыжын щхьэкIэ, зэман-зэманкIэрэ пхъэ тыкъыр, нартыху жэпкъ издзэн хуейт.

ЦIыхубз щIалэжь

ГушыIэ
ЕтIуанэ Iыхьэ
         Куэдщ, къигъэнэжынщ, - сытым дежи абы нэсщ Хьэрф и губжьыр здынихьэсыфыр. ЦIыхубз Iей хуэдэкъым. IэфIу мэпщафIэ.  Борш Iув егъавэри, зэрышколу егъатхъэ, Хьэрфи яхэту. И лэкъумри фIыуэ мэтэдж, гъуанэ имыщIу зэрегъэдзэкI.   
          «Уей, Iущыцэ, борш гъэвэнкIэ цIыхубзхэр зэпрагъауэу щытамэ, уэ зыри къыптемыкIуэнт!» - егъэджакIуэ гупыр зэхэтIысхьэху, ар зыгуэрым къыхеIу.  

ГъущI абгъуэ

Жэмыр щыдэсхукIэ, кIэнауэ Iуфэм сызэрынэсу, зы къуаргъ хъущIэу къыспежьэрт пщэдджыжь къэс, сигъэбампIэу. Ар лъахъшэу къысщхьэщыхьэрти, къызэдзэкъэным хуэдэу, лъэмыжым нэс сигъэкIуатэрт, къигъэзэжырти, джабэ нэкIум кIэрытIысхьэжырт. КъысхуэщIэртэкъым къыщIыскIэрыхъыжьэри зыхуейри. Иужьым гу лъыстащ ар зэрыхъумакIуэм: псы Iуфэм Iут гъущI пкъо иным, вольт лъагэ зыхэт кIапсэр зышэм, и щхьэ дыдэм абгъуэ иIэт, гъущI кIапсэ зэрыхъахэм къыхэщIыкIауэ. Абы ист нэгъуэщI зы къуаргъ – анэрагъэнт, мыдрейр – адэр – хъумакIуэу къыщIэкIынт.

ХЬЭМРЭ ЖЫГЫМРЭ

ГУЭНГЪЭПЩ Хьэсэнбий
Iуэтэж
Гъэмахуэ мазэти, июль дыгъэр жьэражьэу уафэгум итт. Дунейр апхуэдизкIэ зэщIэплъати, къэлыдыным хуэдэт. ЗуплъыхьакIи, зы тхьэмпэ закъуи хъейуэ бгъуэтынутэкъым.
ПщIантIэкум илъ хьэжьым и щхьэр къиIэтри, занщIэу иридзыхыжащ. ИужькIэ зэуэ къыщылъэтри, ину пщIэууэ, унэшхуэм и хъуреягъыр къижыхьу щIидзащ. Унэм и бжи, и щхьэгъубжи гъэбыдат, цIыху щIэсу умыщIэну. Хьэжьым сыт хуэдизрэ къимыжыхьами, и пэр щIиIуну зы жьауапIи къыхуэгъуэтакъым. 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ