Литературэ

Адэм и гъуэгуанэ

Ди адэм и Iэрытххэм тхылъ дэлъхьэпIэ зыбжанэ яубыд. ТхылъымпIэ зэтелъхэр щызэтебдзкIэ, щхьэхуимыту узоупщIыж: «Зы гъащIэм къриубыдэу мыпхуэдизым дауэ узэрыхунэсынур? Сыт хуэдиз къарурэ зэманрэ уиIэн хуей, гупсысэ куу къэбгъэщIу, ар художественнэ тхыгъэу бухуэн папщIэ?» - жыпIэу.  Абыхэм къищынэмыщIауэ, газетхэмрэ журналхэмрэ, радионэтынхэм папщIэ игъэхьэзырам, зэIущIэхэм къыщипсэлъыну итхам ущIэмыупщIэ.

ГъащIэр зэрыбгъакIуэщ

Кристи Агатэ и цIэр интернетым иптхэмэ, Урысейм щыцIэрыIуэ уэрэджыIакIуэ гупым теухуа хъыбар къыпхуегъуэт. Аркъудейр щыхьэту пхурокъу нобэ зи гугъу тщIы инджылыз тхакIуэм и цIэр здынэмыIуса къызэрымынамкIэ. Инджылымрэ Шекспир и тхылъхэмрэ уакъыфIэкIмэ, инджылызыбзэкIэ Кристи и тхылъхэм хуэдэу куэдрэ къыдагъэкI щымыIэу жаIэ. 

Темыркъан Юрэ: Фи IуэхущIафэхэм фыхуеплъэкIыжу фыпсэу

СССР-м, РСФСР-м, КъБР-м я цIыхубэ артист, Совет Союзым, РСФСР-м, Урысей Федерацэм я Къэрал саугъэтхэм я лауреат Темыркъан Юрэ  къыщалъхуа махуэм (дыгъэгъазэм и I0-м) ирихьэлIэу сыхуейщ, гукъэкIыж папщIэу, абы теухуауэ  Хьэгуарэ Джамилэ «Юрий Темирканов. Монолог» зыфIища тхылъыр дунейм къыщытехьам згъэхьэзыра тхыгъэр иджыри зэ фи пащхьэ къисхьэжыну.

ХьэтIохъущокъуэхэ я къуэм Романхэ я пхъур къызэрихьар

ХьэтIохъущокъуэхэ хуэдэу «пщы нэс» а зэманым Къэбэрдейм исакъым. Тэн (Дон) мыдэкIэ урыс щыIакъым. Урысхэм дакIэлъыкIуэ щыхъуар Иван Грознэм и лъэхъэнэрщ. Иджырей Ставрополь крайр цIыху ис-имыс жыхуаIэм хуэдэу щытащ. Ди адэжьхэм я гугъу тщIымэ, зекIуэ кIуэрейт.

Шэху уэздыгъэ

Гъэ еджэгъуэщIэм и кIэм курыт школхэр литературэ зэхьэзэхуэ гуэркIэ куейм дыщызэхашат. МыпIащIэурэ къызэщIэуфIыцIэщ, шэджагъуэхуэкIуэу зихъу-зилъри, щыблэшхуэкIэ зэщIэчэ уафэгъуагъуэ уэшхыу зыкърикIутащ уафэ уэндэгъум. Дызэрыс стадионым и тетIысхьэпIэхэр нэщI хъууэ хуежьат, уафэр лэгъупыкъу куэщIым зигъафIэу къыщигъуэлъхьэжам.

- Зыри зэхэпхыжыркъэ?! - къаджэм, и Iэ-и лъэ ищIурэ си классэгъу щIалэ цIыкIу, тхылъ щхъуантIэ гуэр иIыгъыу, къызбгъэдохьэ. - Мис уи япэ увыпIэр, уэ жыжьэ ущыIэти, сэ…

Азэпщ и къуэ Гъудэберд и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ.

Адэм и гурыгъу

ФIы дыдэу зэрылъагъу зэныбжьэгъуитI щыIэт. Хьэбалэ зыпхъу нэхъ иIэтэкъым, Гъур зы щIалэ закъуэт иIэр. 
Илъэсхэр блокIри, хъыджэбз цIыкIур пщащэ, щIалэ цIыкIури щауэ мэхъу. АдитIым ар я жагъуэнт? Я адэхэм ядэплъейри, я бынхэри «зы тхьэмпэм тошхыкI» жыхуаIэм хуэдэу, фIы дыдэу зэрылъэгъуат. 
ПIалъэ ягъэуври, я бынхэр зэрагъашэ. Нысашэм и дауэдапщэхэр докIри, ныбжьыщIитIым зэдэпсэун щIадзэ…
Зэман дэкIауэ Гъур Хьэбалэ деж къэкIуауэ зэпсалъэу щысхэт. Хьэбалэ и ныбжьэгъум зыхуегъазэри: 

Джэду шыр

Iуэтэж

КIуэкIуцэ къалэшхуэм яшэу зэрыджэгу хьэпшыпхэм щыхагъадэм, япэ дыдэ Iэбэу къищтар джэдущ. Ари езым хуэдиз хъурэ цы щабэшхуи тетыжу, дэбжьеи къебжьыхыжи хъууэ. Ар абы зыкIэ фIыуэ елъагъури, шхэми здагъашхэ, жейми здагъэжей. Дэджэгум, дэджэгуурэ ицхэр фIей хъуамэ, езым егъэпскIыж. Уеблэмэ и анэм игъэпскIыуи, и шыпхъум къыдигъэпскIыуи идэркъым. Ауэ апхуэдэу фIыуэ зэрылъагъуу куэдрэ яхьакъым а тIум. 

ЩIыхуэ тыжыкIэ

Iуэтэж

(Ещанэ Iыхьэ)

Ябжщ, къабжщ, шым ишхынри, гугъу зэрыдехьынри хагъэкIыжри, Хъуэжэ дыщэ сом щибгъу къратри, зэкъуэшитIым пщIэгъуалэжьыр ирашэжьащ. ПщIантIэм щыдэкIыжым ахэр Хъуэжэ къигъэувыIэри, дыщэ тумэн щIыхуэу телъыр яритыжащ.

– ФIыкIэ фышх, – жиIащ абы, – ирикъункIэ сывгъэIыгъащ. – Фи щIыхуэ стелъыжкъым, пэжкъэ?

– Пэжщ, Хъуэжэ, узыншэу ущыт.

– Гъуэгу махуэ. ХуэнщIей куэд евмыгъэшх пщIэгъуалэм, абы кIэтIийр екудэ, – якIэлъыкIиящ Хъуэжэ зэкъуэшитIым.

Удз гъэгъам дэгъужхэр

рассказ

ЕплIанэ Iыхьэ

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ