Литературэ

Хэт лъэужьыр зейр?

(Сабий хъыбар)

Аргъуей

Iуэтэж

(Япэ Iыхьэ)

Акъыл япэ – лIыгъэ

ЩакIуэхэм уэсылъэ къущхьэхъу дыгъэмыхъуэхэр къызэранэкIри, хы ФIыцIэм зи джабэхэр хуэгъэза нэхъ хуабапIэмкIэ гупыр зэпрокI. А гупым лIы быдэ мэхъаджэ гуэр яхэтт къаруушхуэ бгъэдэлъу, адрейхэр къыIузыгъэкIуэт Iэджэми езым ирикуфу. Ар ЛIыхъурейт.

- Сэ си къару сыкъегъэгугъэри, си Iэщэм фIэкIа гъусэ сыхуейкъым. Сэ сыщхьэхуэщ! - жиIэри, ЛIыхъурей къахэкIат.

ЛIыхъурей и кIуэдыкIар

Егъэлея ерыщагъымрэ мывэгъзэгъыу щытынымрэ цIыхум зэрану къыхуахьым теухуащ.

Къэбэрдей жэщтеуэм иуэрэдымрэ хъыбарымрэ

Жэщтеуэмэ, уэр, и хъыбар пэжыр, аредэ, вжесIэнщ.
Ежьу: Уойра, уоу-рира!
Ежьу: Уойра, уо-нау рирэ, уоу-рирари!

ЩХЬЭЛ

ДыщыцIыкIум ди адэ-анэм куэдрэ ди закъуэу пщIантIэм дыкъыданэн хуей хъурт. Илъэситху хъуа сэрэ зы илъэскIэ сэ нэхърэ нэхъыщIэ Вовэрэ нэхъыжьу дыкъагъанэрти, зи ныбжьыр илъэситIым нэса къудей Тимошэрэ илъэсым ит Валерикрэ дакIэлъыплъырт. ДакIэлъыплъри хэт ищIэнт, пщIантIэм ахэр дэмыпщын щхьэкIэ, я лъакъуэм кIапсэ кIыхь итщIэрти, езыхэми нэжэгужэу къапщыхьу, дэри щхьэхуиту дыджэгуу дыдэст.

ЗэныбжьэгъуитI

Iуэтэж
(ЕтIуанэ Iыхьэ)

Экзаменхэр зэфIэкIауэ пщыхьэщхьэ зэхуэсышхуэ щащIым, Хъусен щIалитI-щы и гъусэу школым къыщIыхьащ. Еджэныр къызэраухамкIэ щыхьэт тхылъхэр зыIэрыхьа дыгъуасэрей школакIуэхэр нэжэгужэт, зэщыгуфIыкIыжу зэрыубыдауэ къафэхэрт.
- Зэ укъыздэфамэ си гуапэ хъунт, - бгъэдыхьащ Хъусен Марие.

ХьэфI

Iуэтэж

Си  адэшхуэм и хьэм БобкIэ еджэрт. Ар зыкIэ хьэфIти!  Дадэ фIэкIа Iуэху иIэтэкъым, икIи къридзэртэкъым. Арат  унафэщIу къилъытэр.

Еуэри, си адэшхуэр и унагъуэм и гъусэу къалэм  Iэпхъуэжат, дауи,  хьэри къыздащтащ. Ахэр зэрыIэпхъуэрэ куэд мыщIэу, си адэшхуэм  и гур узу сымаджэщым ягъэгъуэлъати,    Боб цIыкIуи кIуэдат. Куэд мыщIэу, ахэр  щыпсэуа унэм я гъунэгъу бзылъхугъэр къакIуэри къыджиIащ:

ЗэныбжьэгъуитI

Iуэтэж

(Япэ Iыхьэ)

Бзумрэ ныбгъуэмрэ

Бзумрэ ныбгъуэмрэ тIуащIэм щызэхуэзат. ТIури псым хъурейуэ къижыхь ныджэ тIэкIум къыщыхутат. ХьэмкIутIей лъабжьэм щIэт удз кIырым ныбгъуэр щысабырауэ, бзу цIыкIур къэлъатэри, къудамэ псыгъуэ лантIэм къытетIысхьащ. Ар ещхьт жьыбгъэ мащIэм къихьа къауцым. Ныбгъуэр абы худэплъеящ. КъэкIуам и лъакъуэхэр мастэм хуэдэу псыгъуэт, езыр гъурыжь цIыкIут, апхуэдизкIэ псынщIэти, зыфIэтIысхьа къудамэ лантIэ тIэкIур мащIэуи къришэхыу гу лъыптэртэкъым.

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ