Щэнхабзэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубз лъапIэхэ!
Сынывохъуэхъу къэблэгъа махуэшхуэмкIэ - ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ!
А махуэщIыр гъэнщIащ бзылъхугъэхэм яхуэгъэза псалъэ нэхъ гуапэхэмкIэ, нэ­ху­хэмкIэ, гумрэ псэмрэ къабгъэдэкIхэмкIэ. ИгъащIэ лъандэрэ къызэрекIуэкIыр аращи, цIыхубзхэращ унагъуэ жьэгум, абы дэлъ фIыгъуэхэм, хабзэм я хъума­кIуэу щытыр, унагъуэм и зэIузэпэщыгъэр ирагъэфIакIуэу, гупагъэрэ хуабагъэрэ ­къабгъэдэкIыу. Бзылъхугъэм и гулъытэм хуэныкъуэу цIыхур мэпсэу, дунейм къы­щытехьа дакъикъэм къыщыщIэдзауэ. 

ГъэунэхупIэ

Сокъур Мусэрбий тхакIуэ куэдым я къалэмыпэм къыщIэкIахэм теухуа тхыгъэ куэд итхащ. Пэжыр щIэзымыуфэу, ар нахуэу утыкум къизыхьэф цIыхут, абы къыхэкIыуи, тхакIуэхэм абы и критикэ тхыгъэр ягу дыхьэрт, мыхъуар, игу иримыхьыр къыщигъэлъагъуэми, зи зэфIэкIыр здынэсыр ящIэ Сокъурым и еплъыкIэм пщIэ хуащIырт. Абы и къалэмыр зыхуигъэбзахэм ящыщщ Къэжэр Хьэмиди.

И чэнджэщхэр, и гупсысэхэр гъэщIэгъуэнт

Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Мысачэ Пётр адыгэ литературэм и лъагъуэ купщIафIэ щыпхишащ. 1957 гъэм Литературнэ институтыр къиухри, абы щегъэжьауэ «Советская молодежь» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым я редакцэхэм щылэжьащ. ТхакIуэр 1988 гъэм дунейм ехыжащ.

ЛIэужьыгъуэхэр

Урыс театрыр XIX лIэщIыгъуэм

НэщI мазэр къоблагъэ

Махуэ бжыгъэщ къэнэжар илъэсым нэхъ лъапIэ дыдэу къытхуеблэгъэну хьэщIэр къэсыным. Дауэ дрихьэлIэрэ мыгъэрей Рэмэданым? Дин зезыхьи зезымыхьи, муслъымэни мымуслъымэни гурыщIэ къабзэрэ езыхэр зэрызыщымыгугъыжа зэфIэкI лъагэрэ къахуздэзыхь а мазэ псэгъэтыншыр екIуэкIыху, зым и нэмэзхэр къеублэж, адрейр КъурIэн еджэкIэ зригъэщIэным хуопIащIэ, ещанэм и гур Iэгум хуэдэу зэриущIын лIыгъэ къызыкъуехри, зыфIэнам йокIуж, ибгынам лъогъуазэ, «къысхуэгъэгъу» зыжриIэпхъэм бгъэдохьэф е зыхудичыхыпхъэм худечых.

Тхылъым и пщIэр хагъэхъуэжу

Ди зэманыр махуэшхуэхэмрэ юбилейхэмрэ я лъэхъэнэ зэрыхъуар псоми ди нэгум щIокI. Абыхэм я нэхъыбэр цIыхур щэн-щэхуэным ехулIэным зэрытещIыхьам щхьэхуимыту гу лъыботэ. Ауэ «Тхылъ щагуэш махуэм» ар хужытIэфынукъым. ЦIыхур еджэным зэрытригъэгушхуэм нэмыщI, мы махуэм IупщIу зэхегъэкIуэт тхылъыр тыгъэу къэзылъытэхэмрэ абы хуэмыныкъуэхэмрэ. 

Тхылъ щагуэш дунейпсо махуэр 2012 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. ЖэрдэмщIакIуэ а Iуэхум хуэхъуар США-м «Сабий тхылъхэм я интернет хэщIапIэ» япэ дыдэ къыщызэIузыха Бродмур Эммэщ.

Анэхэм нэхъыбэ къатохуэ

Цадаса Гамзат и цIэр зезыхьэ авар макъамэ-драмэ театрым и унафэщI, тхакIуэ, публицист, «Дагъыстэн» журналым и редактор нэхъыжь Бисавалиев Мухьэмэд аварыбзэр нэхъ махэ зэрыхъуамкIэ анэхэр егъэкъуаншэ. Псалъэмакъышхуэ Дагъыстэным къыщигъэхъейуэ Кавказым хэIущIыIу щыхъуа абы и тхыгъэм ди щIэджыкIакIуэхэри къеджэну ди гуапэт. 

Куюнджик къыщагъуэтыжа библиотекэр

 ЛIэщIыгъуэ блэкIам икухэм хуэзэу, Тигр псыежэхым и Iуфэм деж археологхэм зы Iуащхьэшхуэ къыщагъуэтыжауэ щытащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Ассирие жыхуаIэ пасэрей къэралым и щыхьэр Ниневие къалэрат, абы и зэманыгъуэр ирихьэлIащ ди эрэм ипэкIэ VII лIэщIыгъуэм. 

Адыгэбзэм и пщIэр къэзыIэт

Дызэрыт зэман гугъум гу щIыIэ дищIа е еджэхэм нэхърэ зытххэр нэхъыбэ хъуауэ дызэхэзэрыхьыжу ара, сытми куэдрэ къохъу усакIуэ нэсым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым хуэфащэ гулъытэ щимыгъуэт. Апхуэдэ гупсысэхэр си гум къагъэкIащ усакIуэ Сонэ Абдулчэрим «Iэгу-махуэ IэщI-жэщ» зыфIища и тхылъым аргуэру зэ набдзэгубдзаплъэу сыкъеджэжа нэужь.

Литературэр фIыуэ зылъагъухэм я зэпеуэ

Налшык къалэм дэт Къэрал концер гъэлъэгъуапIэм «Псалъэр гум щынэскIэ…» фIэщыгъэ дахэр зиIэ хэгъэгупсо литературэ зэпеуэм и бжьыгъуэ зэфIэхьыр щекIуэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ