Щэнхабзэ

IэпэIэсэхэм я IэрыкIхэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэу лъэпкъхэм къагъэщIэрэщIа IэпэIэсэ IэщIагъэхэр. 

Увыж Анзор и дунейр

 Дыхуиту пIэрэ ди гъащIэ гъуэгур дэ къыхэтхыжыну, ди насыпыр ди IэкIэ духуэжыну, хьэмэрэ псори ди натIэм итхарэ, зэрыжаIэу, ябзри, ядыжауэ дыкъалъхуу пIэрэ?! ЩыIэщ цIыху, си адэ-анэм сытрагъэуват а гъуэгуми, сытекIыну слъэкIакъым жызыIэ, икIи, дауэ мыхъуами, хущIемыгъуэжа. Абыхэм ящыщщ адыгэ макъамэ дунейм увыпIэ ин щызыубыда, накъырапщэ Увыж Анзор. 

Гупсысэ куурэ хуабагъэкIэ гъэнщIа IэрыкIхэр

Скульптор цIэрыIуэ ГъущIапщэ Арсен дуней еплъыкIэ гъэщIэгъуэн зиIэ цIыху зэфIэкIыбэхэм ящыщщ. Гупсысэ куурэ хуабагъэкIэ гъэнщIа абы и IэрыкIхэм дунейм и щIыпIэ куэдым уащрохьэлIэ.
ГъущIапщэм Суриков Василий и цIэр зэрихьэу Москва дэт СурэтыщI институтыр къиухащ. Диплом лэжьыгъэу абы ищIауэ щыта «ПсыхуэлIэ» лэжьыгъэм папщIэ СССР-м ХудожествэхэмкIэ и академием и дыщэ медалыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. 1991 гъэм ар Италием ягъэкIуэри щыIащ, и щIэныгъэм щыхигъахъуэу.

ЕгъэджакIуэм и пщIэ лъагэр

Дызэрыщыгъуазэщи, 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ди къэралым щагъэуващ. ЕгъэджакIуэм и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыным, абы и гъащIэр лъэныкъуэ куэдкIэ къэгъэлъэгъуэным хуэщIа Iуэхугъуэ купщIафIэ куэд щызэфIах ди республикэм. Абыхэм ящыщщ гъатхэпэм къыхалъхьауэ щыта сурэт зэпеуэ хьэлэмэтыр. Абы кърикIуахэр мы махуэхэм нэрылъагъу щащI Налшык.

Удз гъэгъахэм я фестиваль

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утым фокIадэм и кIэхэм щекIуэкIащ удз гъэгъахэм я V фестивалыр.

Бзум уэрэд жиIэу

Бзум и уэрэд зэхихащ хэти… Ауэ хэт илъэгъуа бзум уэрэд жиIэу?! Апхуэди щыIэщ. Бзу уэрэдыр дунейм яригъэлъэгъуащ сурэттех Катрин Свобода. 2019 гъэм Audubon photography awards зэпеуэм щытекIуащ абы триха сурэт телъыджэр. Пщэдджыжьыпэм, США-м Вирджини штатым щыIэ Медоуз Хантли паркым щытрихащ сурэт щIагъуэр. Сурэтым щыдолъагъу бзуупцIэ дамэплъым бахъэ тхыпхъэхэр къызэрыжьэдэкIыр, ар хъурейуэрэ хьэуа щIыIэм зэрыхэкIуасэр. Катрин куэдрэ и ужь итащ бзум и бахъэр къызэрыщ сурэтыр трихыну. А щIыпIэм деж бзуупцIэм щытриха нэгъуэщI сурэтхэри иIэщ, Iубахъэр къимыщу.

Блын телъыджэр

Китай Блын Абрагъуэм и фIэщыгъэр китаибзэкIэ зэбдзэкIмэ, «блын кIыхь» жиIэу къокI.

Гупсысэ куукIэ гъэнщIа фэилъхьэгъуэ

Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу

СурэтыщI-модельер, дизайнер цIэрыIуэ, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща СтIащ Юрэ мы гъэм адыгэ дунейм фIыгъуэ инкIэ хуэупсащ.

IэрыкI телъыджэхэм я дуней

Налшык дэт Лъэпкъ музейм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу. Абы утыку къыщрахьащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэм и студентхэм я IэдакъэщIэкIхэр.

Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я кIыщ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Радуга талантов» выставкэр. Абы ­утыку къыщрахьащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм и егъэджакIуэхэмрэ и гъэсэнхэмрэ я лэжьыгъэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ