Щэнхабзэ

Инджылызыбзэм уздынихьэсыр

Мы тхыгъэр зытеухуа Хьэмыкъуэ Маринэ и IэщIагъэкIэ зэдзэкIакIуэщ.  

Лий Аслъэн: «Уэрэдхэр гукIи псэкIи къагъэщIауэ щытын хуейщ»

Хэт и гугъэнт зи сабиигъуэм каратэ спорт лIэужьыгъуэм зыхуэзыгъасэу щыта Лий Аслъэн зэгуэр макъамэм дихьэхыу абы гъащIэ гъусэ хуэхъуну?! Нобэ уэрэджыIакIуэ, композитор, аранжировщик, продюсер цIэрыIуэущ ар зэрацIыхур.

Къафэр зи псэм хэлъ

Къафэр зи псэм хэлъхэм ящыщщ дуней псом щыцIэрыIуэ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым хэт, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщащэ дахэ-2012» зэпеуэм и япэ вице-мисс хъуа ХьэIупэ Наирэ.

Мрамор хъарым и щэхур

Псыдзэри, щIыхъейри, къэбэкъауэри, зэманри пэмылъэщу нобэ къэса мывэ фэеплъхэр умыгъэщIагъуэу плъэкIыркъым. 

Уафэгум уиту, ушынэ хъунукъым

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм литературэ пшыхь гъэщIэгъуэн иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ. «Общество книголюбов» зэгухьэныгъэм жэрдэм ищIа зэхуэсым щытепсэлъыхьащ тхакIуэ, усакIуэ Мусукаевэ Сакинат «Когда летаешь, нельзя бояться» зыфIища и тхылъым. 

Петербурги адыгэ къафэ къыщофэ

Хабзэр хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ зей лъэпкъым зэи къыпхутемыхыну.

Гум мафIэр щIэзыгъанэ

 Адыгэ къафэр дахэу щытынымкIэ, ар нэхъри ефIэкIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ къызэрыфэ пшыналъэхэм. ЩIэныгъэлI, адыгэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм куэд хэзылъхьа КъардэнгъущI Зырамыку зэрыжиIэмкIэ, макъамэр япэщ, къэфэныр етIуанэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, макъамэр анэщ, къэфэныр бынщ. Дауи, уризэдауэ хъунущ япэу къэхъуамкIэ – джэдра хьэмэрэ джэдыкIэра?

Тадж-Махал

Тадж-Махал – Агрэ къалэм и мавзолей-мэжджытщ, ар Iутщ Джамнэ псы Iуфэм. Ар ящыщщ дуней псом архитектурэ телъыджэу къыщалъыта ухуэныгъэхэм.

Куэд хуищIащ абы лъэпкъым

Адыгэхэм, зэрытщIэщи, IуэрыIуатэ, щэнхабзэ, гъуазджэ купщIафIэ къадогъуэгурыкIуэ.

Тхыдэр зи лъабжьэ ди хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ тхузэхуэзыхьэсыжахэм ящыщщ IуэрыIуатэдж, тхакIуэ, драматург, адыгэ щэнхабзэм псэемыблэжу телэжьа КъардэнгъущI Зырамыку. БлэкIа лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм халъхуа а цIыху щэджащэм хузэфIэкIар мащIэкъым, аращ ар ноби цIыхум щIащымыгъупщэр.

Мысрокъуэ СулътIан и иджырей адыгэ фэилъхьэгъуэхэр

Щыгъын дизайнымкIэ PRO­fashion Masters урысейпсо зэпеуэм и IэдакъэщIэкIхэр щигъэлъэгъуащ Къэрэгъэш къуа­жэ щыщ адыгэ щIалэ Мысро­къуэ СулътIан. Абы утыку ири­хьа щыгъынхэм адыгэ фащэм и пкъыгъуэхэр гъэщIэгъуэну къыщыгъэсэбэпащ.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ