Щэнхабзэ

НэщI мазэр къоблагъэ

Махуэ бжыгъэщ къэнэжар илъэсым нэхъ лъапIэ дыдэу къытхуеблэгъэну хьэщIэр къэсыным. Дауэ дрихьэлIэрэ мыгъэрей Рэмэданым? Дин зезыхьи зезымыхьи, муслъымэни мымуслъымэни гурыщIэ къабзэрэ езыхэр зэрызыщымыгугъыжа зэфIэкI лъагэрэ къахуздэзыхь а мазэ псэгъэтыншыр екIуэкIыху, зым и нэмэзхэр къеублэж, адрейр КъурIэн еджэкIэ зригъэщIэным хуопIащIэ, ещанэм и гур Iэгум хуэдэу зэриущIын лIыгъэ къызыкъуехри, зыфIэнам йокIуж, ибгынам лъогъуазэ, «къысхуэгъэгъу» зыжриIэпхъэм бгъэдохьэф е зыхудичыхыпхъэм худечых.

Тхылъым и пщIэр хагъэхъуэжу

Ди зэманыр махуэшхуэхэмрэ юбилейхэмрэ я лъэхъэнэ зэрыхъуар псоми ди нэгум щIокI. Абыхэм я нэхъыбэр цIыхур щэн-щэхуэным ехулIэным зэрытещIыхьам щхьэхуимыту гу лъыботэ. Ауэ «Тхылъ щагуэш махуэм» ар хужытIэфынукъым. ЦIыхур еджэным зэрытригъэгушхуэм нэмыщI, мы махуэм IупщIу зэхегъэкIуэт тхылъыр тыгъэу къэзылъытэхэмрэ абы хуэмыныкъуэхэмрэ. 

Тхылъ щагуэш дунейпсо махуэр 2012 гъэ лъандэрэ ягъэлъапIэ. ЖэрдэмщIакIуэ а Iуэхум хуэхъуар США-м «Сабий тхылъхэм я интернет хэщIапIэ» япэ дыдэ къыщызэIузыха Бродмур Эммэщ.

Анэхэм нэхъыбэ къатохуэ

Цадаса Гамзат и цIэр зезыхьэ авар макъамэ-драмэ театрым и унафэщI, тхакIуэ, публицист, «Дагъыстэн» журналым и редактор нэхъыжь Бисавалиев Мухьэмэд аварыбзэр нэхъ махэ зэрыхъуамкIэ анэхэр егъэкъуаншэ. Псалъэмакъышхуэ Дагъыстэным къыщигъэхъейуэ Кавказым хэIущIыIу щыхъуа абы и тхыгъэм ди щIэджыкIакIуэхэри къеджэну ди гуапэт. 

Куюнджик къыщагъуэтыжа библиотекэр

 ЛIэщIыгъуэ блэкIам икухэм хуэзэу, Тигр псыежэхым и Iуфэм деж археологхэм зы Iуащхьэшхуэ къыщагъуэтыжауэ щытащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, ар Ассирие жыхуаIэ пасэрей къэралым и щыхьэр Ниневие къалэрат, абы и зэманыгъуэр ирихьэлIащ ди эрэм ипэкIэ VII лIэщIыгъуэм. 

Адыгэбзэм и пщIэр къэзыIэт

Дызэрыт зэман гугъум гу щIыIэ дищIа е еджэхэм нэхърэ зытххэр нэхъыбэ хъуауэ дызэхэзэрыхьыжу ара, сытми куэдрэ къохъу усакIуэ нэсым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъым хуэфащэ гулъытэ щимыгъуэт. Апхуэдэ гупсысэхэр си гум къагъэкIащ усакIуэ Сонэ Абдулчэрим «Iэгу-махуэ IэщI-жэщ» зыфIища и тхылъым аргуэру зэ набдзэгубдзаплъэу сыкъеджэжа нэужь.

Литературэр фIыуэ зылъагъухэм я зэпеуэ

Налшык къалэм дэт Къэрал концер гъэлъэгъуапIэм «Псалъэр гум щынэскIэ…» фIэщыгъэ дахэр зиIэ хэгъэгупсо литературэ зэпеуэм и бжьыгъуэ зэфIэхьыр щекIуэкIащ.

Пушкиныр Къулъыкъужын Ипщэм «щохьэщIэ»

         Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Тхылъ псэу» тхылъаджэхэм я клубым и зи чэзу зэIущIэ. Иджырей пшыхьыр траухуат урысей тхакIуэ цIэрыIуэ Пушкин Александр и «Пиковая дама» (Цыхубз фIыцIэ) IэдакъэщIэкIым.

         ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зэхаша зэIущIэр щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну икIи удихьэхыу екIуэкIащ икIи ахэр зыщIэса пэшыр Пушкин Александр и таурыхъхэм къытращIыкIа сурэтхэмкIэ ягъэщIэрэщIат.

Зэманым и псыежэхым

КъБР-р илъэсищэ зэзырикъум и цIэр зезыхьэ паркым деж щыIэ павильоным къыщызэIуахащ дизайнер, дэрбзэр цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ и гъэлъэгъуэныгъэ. «Зэманым и псыежэхым» зыфIища Iуэхум хохьэ сурэтхэмрэ адыгэ фащэм и дыкIэ щхьэхуэхэр къыщыгъэсэбэпауэ 2020 - 2022 гъэхэм яда щыгъынхэмрэ. А лэжьыгъэхэр къэгъэщIыным Мадинэ тезыгъэгушхуар XIX лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэ – XX лIэщIыгъуэхэм ехьэлIа дэфтэр сурэтхэрщ.

Бзэр псалъэ зырызурэ зэхэтщ

Иужьрей лIэщIыгъуэрэ ныкъуэм къриубыдэу хамэбзэхэм къыхэкIа псалъэу адыгэбзэм къыхыхьам хуэдиз ар мы дунейм зэрытетрэ къыхэхъуагъэнкъым. Дауи, абы езым и щхьэусыгъуэхэр иIэжщ: дунейм технологие и лъэныкъуэкIэ хуабжьу зеужьри, бзэр абы лъэщIыхьэркъым икIи хамэбзэхэм гъащIэм щаIэ тепщэныгъэр нэхъ лъэрызехьэщ адыгэбзэм иIыгъ увыпIэм нэхъри, абыхэм я лэжьыгъэм къыхалъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэм пэмылъэщу, ахэр зэрыщыту къищтэн хуей мэхъу.

Замятиным и гъащIэмрэ гуащIэмрэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щокIуэкI «Мы о нём» гъэлъэгъуэныгъэ. Ар теухуащ урыс тхакIуэ цIэрыIуэ Замятин Евгений къызэралъхурэ илъэси 140-рэ зэрырикъуам.

Замятин Евгений и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуа гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьащ тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр, езым теухуауэ ятха тхыгъэхэр, сурэтхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ