Щэнхабзэ

ЩIэблэ гъэсэкIэм и зы Iэмал

Театрымрэ киномрэ я актёр, режиссёр, «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрым и художественнэ унафэщI Къанкъул Ислъам зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм ядолажьэ.

ИлъэсыщIэм теухуауэ дымыщIэхэр

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу псейр ягъэщIэрэщIэн хабзэр къыздикIар дэнэу пIэрэ? Сыт абы хьэпшыпхэр щIыкIэращIэр? Езы жыгыр щIэпсейр? И щхьэм вагъуэ щIытрагъэсыр? 

Мейкъуапэ щагъэлъагъуэ

Адыгэ Республикэм и Сурэт галереем щагъэлъагъуэ АР-м щIыхь зиIэ и художник, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, модельер-дэрбзэр Сэралъп Мадинэ и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Зэманым и псыежэх. Адыгэ фащэм теухуа къэхутэныгъэ» выставкэр. 

ПсэкIэ щIалэхэр

Налшык дэт Лъэпкъ музейм   щагъэлъагъуэ  «Анна» валеологие  клубым  хэтхэм  я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэмрэ  нэгъуэщI  лэжьыгъэхэмрэ. 

         Илъэс къэси хуэдэу, мыгъэрейми  «ПсэкIэ щIалэхэр» фIэщыгъэ хуащIащ.  «Анна» клубым и унафэщI  Фатеевэ Юлие  зэрыжиIамкIэ, цIыху IэпщIэлъапщIэхэм ягъэлъагъуэ лъэпкъ фащэхэмкIэ хуэпа гуащэхэр,  гуащэ щабэхэр, фэеплъ тыгъэ цIыкIухэр, хэдыкIым и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ щIа сурэтхэр, нэгъуэщIхэри.   

Ди бзэкIэ дывгъэгупсысэ

         Бзэращ лъэпкъым и лъынтхуэр, абы и «лэжьэкIэм» куэдкIэ елъытащ  и псэукIэр зыхуэдэнури. Адыгэбзэм и гъащIэр кIыхь хъуну щIэхъуэпс щIэныгъэлIхэм, IэщIагъэлIхэм я мащIэкъым абы теухуа гурыгъузхэр. Абыхэм щIэх-щIэхыурэ утыку кърахьэ абы и зыужьыныгъэм теухуауэ щыIэ гугъуехьхэри ахэр зэфIэхынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэри. Апхуэдэ зы Iуэху еплъыкIэщ фи пащхьэ итлъхьэ тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуари. Ар зи IэдакъэщIэкIыр адыгэбзэкIэ усэ купщIафIэ куэд зи къалэмыпэм къыщIэкIа, усакIуэ Уэрэзей Афликщ.

ЗэфIэкIышхуэ зиIа адыгэлI

КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я ТхакIуэхэми Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэта, тхыдэтх, экономикэ, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ Къандур Мухьэдин и ныбжьыр илъэс 86-м иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ.

НэгъуэщI къару хэхыпIэ гуэр иIэ?

Адыгэбзэр хъумэным, егъэфIэкIуэным теухуауэ псалъэмакъ Iэджэ къаIэтащ, ирагъэкIуэкIащ. Ахэр зэмылIэужьыгъуэ куэд мэхъу. А псалъэмакъхэм нэхъыщхьэу IуэхугъуитI къахонэхукI. 
Зыр – нобэрей адыгэр и анэдэлъхубзэм зэрыхущытым, хуищI пщIэр зыхуэдэм, щIалэгъуалэр и анэдэлъхубзэм щIэпIыкIыным, ныбжьыщIэм адыгэбзэ Iурылъхьэжыным хуэгъэза псалъэмакъырщ. ЕтIуанэр – адыгэбзэр нобэ зэрыт щытыкIэм, абы и псалъэхэм я къулеигъэр зыхуэдэм, а къулеигъэр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэрщ. 

КъатиплIу зэтет телъыджэ

 «Семирамидэ и хадэ кIэрыщIахэр» пасэрей Вавилоным бгъэдэлъа зэфIэкIышхуэм и дамыгъэу къэнащ. Хъыбар куэд зиIэ а хадэ къызэрымыкIуэр Вавилоным и тепщэгъуэр зэманкIэ зыIэщIэлъа Навуходоносор ЕтIуанэм и щхьэгъусэ Семирамидэ и цIэм ирапх. 

«Сыринэм» и адыгэбзэм ихьэхуахэр

                     Ди республикэм и «Сыринэ» щIалэгъуалэ гупыр «Театральная завалинка» урысейпсо зэпеуэм къыщыхэжаныкIащ. Абы теухуа хъыбар ди газетым тетащ. Нобэ теддзэр а Iуэху дахэр зи нэгу щIэкIа Къанкъул Раисэ и тхыгъэщ.

Зэхыхьэр щызэхашар Москва областым и Одинцовэ районым хыхьэ Осоргино къуажэм Эсамбаев Мыхьмуд и цIэр зезыхьэу дэт зыгъэпсэхупIэрщ.

         УФ-м и щIыналъэ 46-м я ныбжьыщIэ театр 174-м щыщу «Лесной городок» пансионатым щекIуэкIа фестивалым хэтыну гупыж зыщIахэм къыхахар 12 къудейт.

И тхыгъэхэр лъэп­къым и дыщэ чысэм илъу къэнащ

         Ди лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм цIыхубэ творчествэр къыхэпхыжмэ, ямылейуэ куэд къанэркъым, жыжьэ дыди кIуэцIрыкI хуэдэ­къым. КъыщIэмынэр зыщ – тхыбзэм и тхыдэр зэкIэ зэрымылIэщIыгъуэрыбжэращ. ИтIанэми, а куу дыдэу къыпфIэмыщIын тхыдэми уи гур хэзыгъэхъуэн Iэджи хэлъщ. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Шортэн Аскэрбий и гъащIэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ. Нэхъыбэм ар зэрацIыхур «Бгырысхэр» романращ. Пэжщ, нобэ роман зытхрэ зытхауэ Iэджи диIэщи, япэ итам и лIыгъэр къыдгурыIуащэркъым.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ