|
Щэнхабзэ
24 декабря, 2023 - 08:00
Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым щагъэлъэпIащ илъэсым къриубыдэу щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я лэжьакIуэхэу ехъулIэныгъэ зиIахэр.
21 декабря, 2023 - 06:32
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и къежьапIэм деж щытахэм, псыпэр езышэжьахэм яхэтащ Сонэ Мухьэрбий. Япэ уитыныр, гъуэгугъэлъагъуэу ущытыныр зэрыкъалэн гугъур, жэуаплыныгъэшхуэ зэрыпылъыр фIыуэ къыгурыIуэрт абы.
20 декабря, 2023 - 12:15
Шинкубэ Бэгърат япэ дыдэу сыщыхуэзар 1992 гъэрщ, абы щыгъуэм «Республика Абхазия» газетым сыщылажьэрт. Редакцэм къэпсалъэри, къысхуэзэну зэрыхуейр жиIащ. СощIэж а зэIущIэм сыгузавэу сызэрыкIуар. Москва дэт, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым сыщыщIэтIысхьэм, творческэ зэпеуэм сызэрыпхрыкIар Шинкубэ и «Къуршым и пшыналъэ» усэкIэ гъэпса романым щыщ пычыгъуэ зэздзэкIарщ. А махуэм дэ дытепсэлъыхьащ абхъаз литературэм, абы узыщрихьэлIэ гугъуехьхэм, зэдзэкIакIуэ Iуэхум.
20 декабря, 2023 - 07:55
«Гу зимыIэ щыIэкъыми, КъурIэным и гур «Ясинырщ»» хьэдисыр куэдым зэхахагъэнщ. Мы тхыгъэ кIэщIым щызэхуэтхьэсащ ислъам щIэныгъэлIхэм къаIуэтэжауэ е ягъэунэхуауэ къытлъагъэIэса а сурэ лъапIэм къыдэкIуэ фIыгъуэхэм ящыщ зыбжанэ.
«Ясиным» зэ къеджар КъурIэным 10 икIам хуэдэщ. Абы дуней гуныкъуэгъуэри пщхьэщех, ахърэт бэлыхьми укърегъэл. Уи щхьэри, уи унагъуэри, уи мылъкури къэзыхъумэ сурэщ «Ясиныр». Сурэр зэрыщытуи къыпщхьэпэнущ, абы и Iэятхэр щхьэхуэ-щхьэхуэуи къэбгъэсэбэп хъунущ.
16 декабря, 2023 - 08:00
Мейкъуапэ и Сурэт галереем щокIуэкI «Адыгэ арджэным и тхыдэ» гъэлъэгъуэныгъэр. Абы утыку къыщрахьащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ сурэтыщI, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и дипломант, IуэрыIуатэдж, адыгэ арджэнхэр щIынымрэ лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ хэлъхьэныгъэ хуэзыщI ГъукIэ Замудин и лэжьыгъэхэр.
15 декабря, 2023 - 12:44
Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ творчествэмкIэ я уардэ унэм щекIуэкIащ «Белая маска» зэпеуэр.
Зэхьэзэхуэр къыхэзылъхьахэм я мурадыр сабий театр гъуазджэм зрагъэужьынырщ, зэфIэкI зиIэ гуп, ныбжьыщIэ щхьэхуэхэр къагъэнаIуэурэ, абыхэм ядэлэжьэнырщ.
КъэпщытакIуэ гупым я пащхьэм щагъэлъэгъуащ гуащэ, драмэ театр теплъэгъуэхэр. Актёр ныбжьыщIэхэр я фэилъхьэгъуэхэмкIи я джэгукIэмкIи ягу дыхьащ къеплъахэм.
14 декабря, 2023 - 07:21
Театрымрэ киномрэ я актёр, режиссёр, «Сыринэ» щIалэгъуалэ театрым и художественнэ унафэщI Къанкъул Ислъам зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм ядолажьэ.
13 декабря, 2023 - 14:40
ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу псейр ягъэщIэрэщIэн хабзэр къыздикIар дэнэу пIэрэ? Сыт абы хьэпшыпхэр щIыкIэращIэр? Езы жыгыр щIэпсейр? И щхьэм вагъуэ щIытрагъэсыр?
13 декабря, 2023 - 11:29
Адыгэ Республикэм и Сурэт галереем щагъэлъагъуэ АР-м щIыхь зиIэ и художник, «Институт культурного наследия и развития» лъэпкъ щэнхабзэ центрым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI, модельер-дэрбзэр Сэралъп Мадинэ и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса «Зэманым и псыежэх. Адыгэ фащэм теухуа къэхутэныгъэ» выставкэр.
Страницы
|