|
Тхыдэ
1 февраля, 2019 - 05:05
Си адэ Куэтэншы ТIалэ Мем и къуэр ящыщщ ди щIыналъэм и зыужьыныгъэм зи къарурэ зэфIэкI куэдрэ езыхьэлIа хэкупсэхэм. Хэку зауэшхуэм и ветеран, жылагъуэ, къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэр пэрытащ жэуаплыныгъэ лъагэ зыпылъ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. КПСС-м и обкомым хэтащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым юстицэмкIэ и министру щытащ.
23 января, 2019 - 05:08
Тыркум и къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ пэрыт Берсис (Бырсыр) Исмэхьил Зия
(1883-1953)
Измит щIыналъэм хыхьэ Сапанджа къалэм къыщалъхуащ. 1903 гъэм дзэ училищэ къиухащ. Албан, Македоние щIыналъэхэм къулыкъу щищIащ, япэ дунейпсо зауэшхуэм хэтащ.
11 января, 2019 - 08:00
Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр дунейм щыIэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я пощт маркэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуам теухуа буклет. Ар игъэхьэзыращ маркэхэр зэхуэхьэсыным куэд щIауэ дихьэх Тхьэкъуахъуэ Iэуес.
Буклетым итщ 1946 гъэм щегъэжьауэ 2018 гъэм нэсыху къыдэкIа маркэ 30. Я инагъ дыдэм хуэдизу абыхэм хагъэхьащ СССР-м, Урысейм, Абхъазым, Азербайджаным, Белоруссием, Румынием, Египетым, Израилым, Канадэм, Иорданием, Палау, Мальдивы къэралхэм щызекIуэу щыта маркэхэр.
Буклетыр экземпляри 100 хъууэ аращ.
11 января, 2019 - 05:08
Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIагъэкIыжрэ илъэс 76-рэ ирокъу
Мы Iуэхур махуэ бжыгъэм зэфIэкIащ. Бий бзаджэр Сталинград и деж щызэхакъута иужь белджылы къэхъуащ щытыкIэм зэрызихъуэжар: иджы ди зауэлIхэм Iэмал ягъуэтат зэрыпхъуакIуэхэм къару лъэщкIэ ебгъэрыкIуэну. ЗанщIэу къэуващ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм щыщу гитлеровцхэм яубыдахэр хуит къэщIыжыным теухуа къалэныр.
19 декабря, 2018 - 05:07
Кхъухьым и тхыдэр илъэс мин зыбгъупщIым къыдобжэ. Кхъуафэжьейм къыщыщIидзащ абы и тхыдэм, ар кхъуафэм нэсри, иужькIэ хуэм-хуэмурэ ящI хъуащ хым техьэурэ гъуэгуанэшхуэ зэпызычыф кхъухьхэр.
14 декабря, 2018 - 05:00
Смирнов Владимир (1846 - 1922) Бытырбыху дэт университетым и КъуэкIыпIэ факультетыр 1870 гъэм «хьэрыпыбзэмкIэ, персыбзэмкIэ, тыркубзэмкIэ кандидат» IэщIагъэр иIэу къэзыуха урыс тхыдэджщ, бзэ щIэныгъэлIщ. Нобэ зи пычыгъуэ къэтхь и доктор диссертацэр 1887 гъэм пхигъэкIащ абы. Кърым хъаныгъуэр зэрызэфIэува щIыкIэм, абырэ Урысеймрэ я зэхуаку дэлъа зэхущытыкIэм я гугъу ищIкIэрэ, Смирновыр адыгэ тхыдэм «Къэнжал зауэ» фIэщыгъэмкIэ къыхэна зауэзэрылIым топсэлъыхь.
12 декабря, 2018 - 05:07
XVI лIэщIыгъуэм икухэм, адыгэ-урыс зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, ди лъэпкъым къыхэкIа куэдым урысыдзэм къулыкъу щащIэу, Урысей къэралыгъуэр лъэ быдэкIэ увыным я зэфIэкIи я гуащIи халъхьэу щытащ. Абыхэм мымащIэу къахэкIащ къулыкъушхуэ зыIыгъахэр. Апхуэдэхэщ Идар Темрыкъуэ и лIакъуэхэу Сэнджэлей, Къамбулэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
12 декабря, 2018 - 05:05
«Урысеипщхэм я лъэпкъ дамыгъэхэр» тхылъым и етIуанэ томым 1798 гъэм къытехуауэ щытащ ар.
7 декабря, 2018 - 05:05
Мы уэрэдыжьыр пасэрей дыдэхэм ящыщщ, къэбэрдейхэм фIэкIа адрей адыгэ лъэпкъхэм яIэкъым.
1. Си джатэжьурэ, уой, дуней, хьэщхьэрыIуэдзэмэ,
Ежьу: Уо!
И дзэпкъитIымкIэ, уой, дуней, лъыхэр йожэхри.
Ежьу: Уой-ра, уой-ра, уоу-ри-ра-ри!
5 декабря, 2018 - 05:08
Лъэпкъ фащэр щыгъын къудейуэ щыткъым ар зезыхьэхэм я дежкIэ. Ар зыми хэмыгъуэщэн къэхъугъэщ, щэнхабзэм икIуа гъуэгуанэр къызэпхыщу, лъэпкъыр тхыдэм и кIыхьагъкIэ къыдэгъуэгурыкIуа хабзэм зэрыхуэпэжымрэ нобэрей дунейм зэрекIумрэ я нэщэнэу.
Страницы
|