Тхыдэ

УIэгъэ мыхъужын

 Ар IейкIэ ягу къинащ

Адыгэм и блэкIа жыжьэр

Адыгэхэмрэ ахэр къызытехъукIыжа лъэпкъыжьхэмрэ я тхыдэр илъэс мин бжыгъэ мэхъу. Абы и щыхьэт нэхъыщхьэщ ­ди бзэмрэ (макъыбзэ) ди хабзэмрэ нэхъ жьы дыдэхэм, нэхъ гу­гъухэм зэрыхабжэр. КъищынэмыщIауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэлъыта, адыгэ хабзэ къекIум хуэдэ лъэпкъым зэригъэпэщын папщIэ, зэман кIыхькIэ яубзыхуа, ягъэфIа, яджа лъабжьэ уиIэн хуейщ. 

Адыгэхэм я Махуэм ирихьэлIэу

                                                                           Хъыбарыжь

«Уэзы МураткIэ зэджэ, гущэри…»

Зи щхьэ ямыцIыхурэ зи даущ Iуа лIыхъужь гуейхэм хабжэрт абрэдж хахуэу къекIуэкIа Уэзы Мурат. А щIалэ щхьэмыгъазэм хъыбар куэд теIукIащ. Мыри абыхэм ящыщщ. 

Псыхуаби, Нартсани, Гумкъали, Шэткъали, сытми адыгэ жылэу щытахэм къыдэтIысхьахэр «Мурат къокIуэ» жаIамэ, зэрыгъащтэу хьэргъэшыргъэ зэрыхэгъахуэрт, бжэ-щхьэгъубжэхэр ягъэбыдэрт, «цырхъ» зэхахмэ, жэщкIэ къащтэу къигъэнат.

ЩыIащ-псэуащ... иныжьхэр

Зэ еплъыгъуэкIэ тхыдэмрэ иныжьхэмрэ зыкIи зэкIуалIэркъым - иужьрейхэм я лъапсэр таурыхъырщ, IуэрыIуатэрщ. Дэ ди набдзэ нарт эпосым куэду дыщрохьэлIэ абыхэм. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэри абыкIэ зыщытхъужыфынущ. Иджыри къэс къалъытэу щытащ ахэр щымыIа, хъыбархэр ирырагъэщIэрэщIэн щхьэкIэ къагупсыса гуэру. Абы щыгъуэми, зэгуэр апхуэдэ псэущхьэ абрагъуэхэр дунейм тетауэ итщ Инджылым, къахощ пасэрей Iэрытххэм.

Мысыр адыгэхэм я зы махуэ

     Япэ Iыхьэ

        Мыр къыщыхъуар 1811 гъэм гъатхэпэм и 1-щ. Сэлим Езанэмрэ Тумэнбейрэ я зэпэщIэтыныгъэр зэриухрэ лIэщIыгъуэ бжыгъэ дэкIат. Мысырым тепщэгъуэр тыркухэм щаIыгът, ауэ Кавказым икIа мамлюкхэм хуэмурэ унафэр зыIэрагъэхьэжри, я пщIэри дэуеижат.

Хурритхэмрэ урартхэмрэ

«Хурритхэмрэ урартхэмрэ зы лъапсэт, зы бзэм и диалект зырызхэмкIэ псалъэу щытащ. Пасэрей ПэIущIэ Азием и щэнхабзэ лъагэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа хурритхэм я псэупIэр Кавказым и гъунапкъэм къриубыдэртэкъым. Урартхэми я Iыхьэ ныкъуэрат абы хиубыдэр. КъимыдэкIэ, абхъаз-адыгэ лъэпкъхэм я благъэу къалъытэ каскхэмрэ хьэтухэмрэ щыпсэур Анэдолэр арат. Ауэ щыхъукIэ, «кавказ» топонимыр епхьэлIэну игъуэджэщ зи гугъу тщIы пасэ бзэ быным, - етх щIэныгъэлI Абдокъуэ Iэуес. 

УкъэзыгъэувыIэн уимыIэмэ…

Тхыдэм зыгуэркIэ щыгъуазэ дэтхэнэми къыхуэхьынущ нэхъапэ цIыху Iейуэ щымытам и щхьэр властым зэригъэуназэм и щапхъэ. Ахэр гъунэжщ икIи, зэрыжаIэщи, кIэи пэи яIэкъым. Дахэу кърагъажьэри, я лъэр быдэ зэрыхъуу зокIуэкI. ДеплъэкIыжынти, блэкIамкIэ.

Лъэужь телъыджэ зиIэ цIыху

Къаффэм, Сан-Джорджио и ахъшэ хъумапIэм я унафэщIхэм зэрызахуигъэза тхыгъэхэм къазэрыхэщыжымкIэ, Захарие абы унафэ хэлъу яжриIэрт Матрегэ къашэ, ираш хьэпшыпхэм, ерыскъыхэм папщIэ Iах ахъшэр нэхъ мащIэ ящIыну. Абы и «лъэIум» Iэ къытрадзащ 1472 гъэм. Зыхуейр къыIэрыхьами, Захарие ахъшэ хуэныкъуэт, хурикъуртэкъым, зытригъэкIуадэри къахуэщIэртэкъым.

Джэдур лым лъэмыIэсмэ…

Адыгэхэм диIэщ хъыбар зиIэ псалъафэ гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэ фигу къыдогъэкIыж.
«Ер вы бжьакъуэм къокI» 
Псалъэжьыр къызытекIар мы хъыбарырщ: Анзорхэрэ Къуэгъулъкъухэрэ я Iэхъушэхэр псыефапIэм щызэхуэзащ. Къуэгъулъкъуэхэ я гуур Анзорхэ я вым епыджри иукIащ. Абы къыхэкIыу лъэпкъитIыр бий зэхуэхъури зэзэуащ. Псалъафэр абы къытекIащ.
 «Ахъмэт и фо изщ»

Адыгэхэр я щапхъэт

Адыгэхэм я дуней тетыкIэм, зыхуэпэкIэм, Iуэху зехьэкIэмрэ я хабзэхэмрэ теухуауэ зыплъыхьакIуэхэм къыдалъэгъуа куэд ятхыжащ. Мы тхыгъэ кIэщIым къыщытхьащ шэрджэсхэм я фащэр къазэрыщыхъуу щытар.
 
Анисимов Сергей (совет философ): «Адыгэ щауэр и фэилъхьэгъуэмкIэ Кавказым ис адрей лъэпкъ псоми къахэщырт. Шэрджэсхэм я зыхуэпэкIэ дахэм пасэ зэманми щапхъэ трахыу щытащ. Адыгэ цейр дахэ къудейуэ къанэркъым, ар къагупсысащ зекIуэхэм дежи фэилъхьэгъуэ тыншу. Кавказым ис лъэпкъхэм ар къащтащ я щыгъыныгъуэу».

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ