Тхыдэ

Косовэ Губгъуэм игуэшат

Австрием щыщ еджагъэшхуэ Густав Буллемэр Югославием щыщыIам нэхъыбэу къызэхикIухьар Косовэ Губгъуэрщ. Буллемэр и тхыгъэхэр а гъэ дыдэм къытрыригъэдзэжащ Венэ къыщыдэкI «Географие хасэм и хъыбархэр» журналым.

Адыгэхэм я гъащIэм, я псэукIэм гупсэхуу кIэлъыплъа еджагъэшхуэм ди лъэпкъым и тхыдэжьым и мызакъуэу, я иджырей тхыдэри фIы дыдэу ищIэрт.

Джылахъстэнейм и щIэдзапIэр

Дэфтэрхэм зэрыщатхымкIэ, XVI лIэщIыгъуэм и кIэмрэ XVII и пэщIэдзэмрэщ зытехуэр Къэбэрдейр Инрэ ЦIыкIуу щызэхэкIар. 1615 гъэм Тепсэрыкъуэ и къуэ Щолэхъу, нэгъуей пашэхэр и дэIэпыкъуэгъуу, Пщыапщокъуэ Къазий и гупыр зэтрикъутат. Езы Къазий абы хэкIуэдащ, и къуажэхэр зэтрафыщIащ. Къэхъуар ягу темыхуэу, пщыхэм гуп зэщIагъэуIуэри, зекIуэ япежьащ. Абыхэм я Iуэхур къыдаIыгъащ дагъыстэн уэлий Тарковскэмрэ дзэзешэ Головиным къигъэкIуа зауэлIхэмрэ. А зекIуэм хэщIыныгъэшхуэ щигъуэтат Талъостэнейм (Щолэхъум и Къэбэрдейм).

ЗэгурыIуэу къызэдекIуэкIмэ…

ЩIэныгъэлIхэр игъащIэ лъандэрэ топсэлъыхь цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ я псэкIэ, я IэпкълъэпкъкIэ зэрызэпыщIам, зым адрейм Iэмал имыIэу зыхъуэжыныгъэ гуэрхэр зэрыхилъхьэм. Пэжщ, а зэхъуэкIыныгъэхэм узыщыгуфIыкIыни уи жагъуэ хъуни къыщрикIуэхэр щыIэщ.

«Уэ упагэмэ, сэ сыерыщкъэ?!»

1972 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м «Кабардинка»-м и къэфакIуэхэм япэ лъэбакъуэхэр щачат Австралием. Я япэ концертыр щатынур а къэралым и къалэ нэхъ инхэм, нэхъыфIу зызыужьахэм ящыщ Тасманиерт (Лончестон). 

Я щыпэщIэкъым

     «Ищхъэрэ унэтIыныгъэ-2» газ бжьамийр къэзыгъэуахэм США-м и тIасхъэщIэх IуэхущIапIэхэр зэрахэтар щIауфэну хущIокъу, хэбгъэзыхьмэ, Iуэхур зыхэзыгъэкIхэр ягъэщхьэрыуэну яужь итщ: зэм «украинэ лъагъуэ» къагъуэт; зэми нэгъуэщI къагупсыс. Ауэ ар апхуэдэу зэрыщытым шэч  къытозымыгъэхьэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэм апхуэдэ щIэпхъаджагъэр я щыпэщIэу къызэрыщIэмыкIарщ. Уеблэмэ, ахэр  ещхьт  Вашингтон СССР-м и экономикэр къигъэтIэсхъэн мурадкIэ «зауэ щIыIэм» къыщигъэсэбэпа  Iэмалхэм.

Хъыбархэм къызэраIуатэмкIэ

XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм адыгэ къуажэхэр лъапсэ зыбжанэ фIэкIа мыхъуу щытащ. Зэрыхабзэу, абыхэм я фIэщыгъэхэри къызытекIыр ахэр зыухуа уэркъхэмрэ пщыхэмрэ я цIэхэрат. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуажэхэм ятепщIыхьмэ, апхуэдэт, псалъэм папщIэ, ХьэтIохъущыкъуейр, Дыгулыбгъуейр, Ислъэмейр, Жанхъуэтекъуэр, Анзорейр, Хьэтуейр, ХьэпцIейр, Алъхъор, Инарыкъуейр, нэгъуэщIхэри. 

Къэбэрдейм и экономикэр епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм

Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, дызытетхыхьыну мурад тщIа лъэхъэнэм Къэбэрдейр щIыналъитIу гуэшауэ щытащ – Къэбэрдеишхуэрэ Къэбэрдей ЦIыкIурэ. 

Я къежьапIэр ящыгъупщэркъым

Япэ дыдэу шэрджэсхэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщыщыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэрщ. Шэрджэсхэм къахэкIа мысыр сулътIан Къалэун тэтэр-монголхэм я деж гъэру адыгэ мин 12 къыщищэхужри, ахэр хэту дзэ щхьэхуэ къызэригъэпэщауэ щытащ. Шэрджэсхэр – ар адыгэ лIакъуэ псори къызэщIэзыубыдэ фIэщыгъэщ.

Макъ ещанэр дэнэ тхьын?

Пщыхьэ, Шахэ, Щхьэгуащэ, Кхъужьыпс я псыхъуащхьэхэр зэпызыгъэщхьэхукI къурш гуэрэным щхьэщылъэгыкI бгыхэм я нэхъ уардэщ Фыщт Iуащхьэжьыр, метр 2888-кIэ хы Iуфэм щхьэщыIэтыкIар. ГузэпыщIэкIэ къыпыщIа Уэщтенэ (Оштен) бгыр метр 84-кIэ нэхъ лъахъшэщ.

Адыгэхэмрэ дигорхэмрэ

  Кануков (Хъанухъти) унэцIэр зезыхьэ лIакъуэр лъабжьэжь зиIэ осетин алдар (пщы) лъэпкъым хеубыдэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ абыхэм яубыд Донифарс жыхуаIэ щIыпIэр. 2017 гъэм Владикавказ дэт Гуманитар щIэныгъэхэмкIэ институтым къыдигъэкIауэ щытащ бзэ зыбжанэкIэ (осетиныбзэ, урысыбзэ, тыркубзэ) зэхэт «Есе Кануков» тхылъыр.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ