Тхыдэ

Кушыкупщрэ Мэтрэ

 (япэ Iыхьэ)

         Ди лъэпкъым илъэс минхэм Iущыгъэу зэхуихьэсар къыхэкъузыкIыжауэ къызыхэщ адыгэ хъыбарыжьхэри уэрэдхэри хуэфащэу траухуащ зи цIэр фIыкIэ тхыдэм къыхэна, Урыс-Кавказ зауэжьым лIыгъэшхуэ щызезыхьэу цIэрыIуэ хъуа Ажьджэр и къуэ Кушыкупщым.

Адыгэ лъахэу дэнэкIэ гъэзами абы и цIэр ягъэкIуэдакъым, хэхэсхэм къащIэхъуэжахэми, зэIэпахыурэ, иджыри къыздэсым яIуатэ а зауэлI щыпкъэм теухуа хъыбархэр.   

Дыгъужьхэм япэлъэщакъым

1917 гъэм жэпуэгъуэм и 26-м (махуэгъэпсыжьымкIэ) Урысейм щекIуэкIа Октябрь революцэм дуней псор зэщIигъэзджызджауэ щытащ. Ар зыунэтIахэм, уеблэмэ къызэзыгъэпэщахэм мымащIэу яхэтащ лъэпкъ куэдым щыщхэр. Ар икIи гъэщIэгъуэнтэкъым: империем ибжь хьэлъэр сыт щыгъуи нэхъ зытещIэу щытар ахэращ. Псом хуэмыдэу журтхэр къыхэжаныкIащ. А лъэпкъым къыхэкIахэрт пащтыхь властым нэхъ ерыщу пэувхэр. Япэ урыс революцэр щекIуэкIым, 1906 гъэм и бжьыхьэм, Урысей империем и правительствэм и унафэщI Столыпин Пётр, уеблэмэ абы и щхьэусыгъуэр къиIуэтауэ щытат: «Журтхэм бомбэхэр къагъауэрэ?

ГъэрхэмкIэ сату щIэнымрэ адыгэхэмрэ

Зи арэзыныгъэ хэмылъу гъэрхэмкIэ сату щIэным хаша адыгэм дежкIэ ар, шэч хэмылъу, лъэпкъым и нэлат хъуащ. Адыгэ лъэпкъым иухуа дуней еплъыкIэм зи гугъу тщIы Iуэхугъуэр къитIасэртэкъым икIи езым и жылагъуэ гъащIэм зэпымычу IэщIыб ищIырт.

Адыгэ тхьэлъэIужьхэр зэрыт тхылъыщIэ

 Истамбыл дэт, Кавказым теухуа тхылъхэр тезыдзэ IуэхущIапIэм къыщыдэкIащ адыгэхэм я дин зехьэкIэм теухуауэ ипэкIи тхылъ зыбжанэ къыдэзыгъэкIа Къущхьэ Эрдал и тхылъыщIэ: «КъурIэн лъапIэм и адыгэбзэ зэдзэкIыгъэхэмрэ дин псалъалъэмрэ».
 «Мы тхылъыр Iыхьищу зэхэтщ, - зыхуегъазэ тхылъеджэм ар зи IэдакъэщIэкIым: 1) АдыгэбзэкIэ зэрадзэкIа КъурIэн тхылъхэр. 2) Адыгэбзэм щызекIуэ дин псалъэхэмрэ псэлъафэхэмрэ. 3) Адыгэ хъуэхъухэр».

ЛIыгъэр уахътыншэщ

И гугъу фхуэсщIыну сыхуейт зы лIыхъужьым и гъуэгуанэм. Хэт ищIэрэ, апхуэдэ хъыбархэм хэти щапхъэ къыхех, хэти гугъэзэгъэгъуэ кърет. Дау Мухьэжид Гъузер и къуэр 1923 гъэм мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуат. 8-нэ классыр абы Сэрмакъ къуажэм къыщиуха нэужь, Налшык мэкъумэш техникумым зоотехник IэщIагъэ щызригъэгъуэтыну щIэтIысхьащ. Абы ар комсомолым щыхыхьащ. Ещанэ курсым нэсауэ, Хэку зауэшхуэр къэхъеящ.
Илъэс 19 иримыкъупа Мухьэжид адрейхэм я гъусэу зауэм докI, мащIэу ирагъаджэ, сержант нэхъыжь къыфIащри, топышэ гупым я унафэщI ящI. 

«Мо блахыр IэшрыI?!»

Зы лIы гуэрым апхуэдизкIэ IэшрыI фIэфIти, ишхым ишхыурэ зэгуэудащ жаIэ. Арати, сыт ящIэн – лIар щIэлъхьэн хуейкъэ?! Мо тхьэмыщкIэр кхъэм щыдахым щыгъуэ, нэгъуэщI уэрамымкIэ зыгуэрым IэшрыI игуэшыу блихырт. Абы и мэр мо кхъаблэм телъым къыщIихьэри: «Мо блахыр IэшрыI?!» - жиIэри къыщылъэтыжат жаIэ.
IэшрыIыр япэ дыдэу къыщежьам щыгъуэ адыгэхэм мажусий динрат зэрахьэр, мэзытхьэхэм, псыхъуэгуащэхэм, адрей тхьэпэлъытэхэм пщIэ хуащIу.

Абдеж щыщIидзакъым

Урысейм сыт щыгъуи щыдыгъуэу щытащ. Ди къэралым и къулеигъэхэр зэрапхъуэну щыхуежьар дыгъуасэкъым икIи вэсэмахуэкъым. Аращи, жагъуэу дигу къина «приватизацэ», «Чубайс», «олигарх» псалъэхэм ди нэгу къыщIагъэхьэ гуэрхэм ещхьхэр нэхъапэми щыIащ. Мылъкум хуэнэхъуеиншэхэр языныкъуэхэм деж хъийм икIырт, укIытэншэ дыдэ хъурт. 

«Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуфI»

Адыгэхэм гъащIэ гъуэгуу къакIуам сыт хуэдэ гузэвэгъуэрэ, гужьеигъуэрэ хэмытами, сыт хуэдэ хьэзаб ятемылъами, дэнэ къэралыгъуэ къыщымыхутами, лъэпкъ зэхуэмыдэ дапщэм яхуэмызами, яхузэфIокIыр я бзэр, адыгагъэр, зыми емыщхь адыгэ хабзэ гъуэзэджэр яхъумэну.

Дунейпсо насыпым щIэбэнахэр

Урысейм Совет властыр щагъэува иужь мыгувэу 1919 гъэм большевикхэм Москва Коммунист Интернационал къыщызэрагъэпэщащ. Абы зи инагъкIэ къебэкIын иджыри къэс щымыIа къалэн и пщэ дэлът – революцэр дуней псом щытригъэкIуэну. А зэгухьэныгъэм марксизмэм и гъуэгум техьа партхэр хэтт икIи япэщIыкIэ ягугъащ абыхэм къабгъэдэкI ахъшэхэм ирилэжьэну. АрщхьэкIэ щIэх дыдэу белджылы хъуащ къызыщхьэщыж гуащIэрыпсэухэми яхуэдэу ахэр езыхэри зэрыфакъырэр. Мыгъуэр зимыгъуарати, мылъкур егъэлеяуэ къемэщIэкIми, иджыри Граждан зауэм къыхэмыкIа Урысейм и закъуэт дунейпсо насыпым щIэбэнхэр зыIыгъыфынур.

Нобэрей нэщэнэ

Адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэр къэзыпщытэжахэм, зыджыжахэм лъэпкъым и пащхьэ ар къизылъхьэжахэм ящыщщ тхыдэтх Ехъутэныдж Хьэсэн.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ