Тхыдэ

Нобэрей нэщэнэ

Адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэр къэзыпщытэжахэм, зыджыжахэм лъэпкъым и пащхьэ ар къизылъхьэжахэм ящыщщ тхыдэтх Ехъутэныдж Хьэсэн.

Къэтей и къуэ

Пщым и зэманым Къэсейхьэблэ (Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз къуажэр) дэсат Къэтей и къуэкIэ еджэу зы лIы бланэ, егъэлеяуэ къаруушхуэ хэлъу, зэхэзекIуи иIэу, ауэ зигъэнаIуэ дыдэу щымыту.

Къэбэрдейм и къэунэхукIэм ехьэлIауэ

«Цивилизацие Кабарды» зыфIэсща тхылъыр тхыдэрэ этнографиеу зэхэтщ. ИгъащIэм зэхамыхауэ щIэ гуэр къэсхутауэ схужыIэнукъым. 
СяпэкIэ къыдэкIащ Нало Заур, Бгъэжьнокъуэ Бэрасбий, нэгъуэщI щIэныгъэлI гъуэзэджэхэм я IэдакъэщIэкIхэр. Сэ нэхъыбэу зытезгъащIэр курыт лIэщIыгъуэхэм я нэхъ кIасэ лъэхъэнэм къэбэрдей лъэпкъым игъуэта теплъэрщ. Иужьрей зэманым а Iуэхум зэдауэ мышу куэд къыдокIуэкI. 

Жыжьэ дыдэ къыщожьэ

Нартхэм я зэманым къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым адыгэхэм къыддокIуэкI тхьэрыIуэ псалъэ «Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ» жыIэкIэр.
Илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь «Нарт» пшыналъэм ущрохьэлIэ Сосрыкъуэ иш Тхъуэжьей мыпхуэдэу къыжриIэу: «Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ, уэ лIы ухъумэ, сэ шы сыпхуэхъункIэ».
Абы нэмыщIкIи Сэтэней гуащэрэ Лъэпщрэ зэрызыщыхьам теухуауэ къаIуэтэжым ущрохьэлIэ
 «… ВакIуэ-Нанэ IуегъэзыкIыжри, кIуэм-лъэурэ,
Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэм хуозэри, йолъэIу:
 - Уащхъуэ Мыващхъуэ кIанэ, щхьэузыхь сызыхуэхъун!

Iуэхум и пэжыпIэр къагъуэтащ

Дуней псом щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIхэм ящыщ куэд иужь ихьэри, Евразие псом къыхаша шыхэм я ДНК-р къапщытащ икIи иджырей шыхэр ботайскэ (Къэзахъстаным и Iэхэлъахэхэм хуэзэу къыщагъуэта къупщхьэхэрщ зи гугъу ищIыр) шы лъэпкъым къатехъукIауэ нобэм къэс зэрыхуагъэфащэр мытэмэму къалъытащ.

ИлъэсыщIэр ягъэлъапIэу щытакъым

НаIуэу зэрыщытщи, Октябрь революцэр Урысейм щытекIуа иужь ИлъэсыщIэр къэралым куэдрэ щагъэлъэпIакъым. Властыр зыIэрыхьахэм ар къалъытэрт езыхэм хэутэн ящIа диным и Iэужьу. АрщхьэкIэ япэщIыкIэ зыкъомрэ зэресам тетащ. Мыбдеж щапхъэу къыщыпхуэхьынущ Ленин Владимиррэ абы и щхьэгъусэ Крупская Надеждэрэ 1918 гъэм и илъэсыщIэр Петроград и рабочэхэм я гъусэу кърагъэхьауэ зэрыщытар. Пэжу, фадэ хэтакъым, шей зэдефэурэ, «Интернационал»-р кърашурэ, гуфIэгъуэр кърагъэхьащ.
ИужькIи, 1920 гъэхэм я япэ зэхуэдитIми, ИлъэсыщIэр яIэту щытащ, диным и бийуэ къызэрагъэпэщ Iуэхухэм яхуэдэу.

Лъэпкъ тхыбзэм папщIэ зы лIым зэфIигъэкIар

Фэнзий Мэжид Мэзан и къуэр 1880 гъэм Болэтей (Терекскэ) къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къуажэм къыщиуха нэужь, ар Темырхъан Шурэ (Буйнакск) кIуэри, илъэсищым нэблагъэкIэ абы щеджащ. ИужькIэ Мэжид и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Уфа, Кърымым, Мысырым.
Къыщалъхуа жылэм къигъэзэжа нэужь, абы курыт еджапIэм щригъэджащ, апхуэдэуи Къэбэрдейм и жылагъуэ IуэхущIапIэ зыбжанэми щылэжьащ. ЦIыкIухэм хьэрыпыбзэри урысыбзэри яригъащIэрт, астрономием, математикэм, медицинэм, ботаникэм ахэр хигъэгъуазэрт, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми хащIыкIыу къигъэтэджырт.

ЗэраухылIам хуэдэт..

 Глинике-брюкке лъэмыжым Берлин и гъунэхэм пещIэ Потстдам и Iэшэлъашэхэр. Ауэ ар, метрищэ хуэдиз и кIыхьагъми, цIэрыIуэ зыщIар мыбы етIощIанэ лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIым щекIуэкIа Iуэхухэрщ. Псоми щыщIидзар 1952 гъэм мазаем и 10-рщ. Абы щыгъуэм фIащащ «шпион лъэмыж».
Зи гугъу тщIы махуэм и пщэдджыжьым Хафель псым и IуфитIым къекIуэлIащ автомобиль щIэуфахэр. КъухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ абы къыщыIуашат американхэм Абель Рудольфу яцIыху совет тIасхъэщIэхыр, къуэкIыпIэмкIэ къащыпэплъэрт США-м и кхъухьлъатэзехуэ Пауэрс Фрэнсис Гэри.

Франджы пащтыхьымрэ адыгэхэмрэ

Бонапарт 1769 гъэм къыщалъхуащ Италием и Корсикэ хытIыгум. Илъэс 16 фIэкIа мыхъуу ар пэрыуващ и дзэ къулыкъум - фочгъауэ  гупым и лейтенант нэхъыщIэу къыщIидзащ. 

Шыхэр, хьэхэр, нэгъуэщIхэри…

 Япэ дунейпсо зауэр щытащ цIыхур къызэрыунэхурэ и нэгу щIэкIахэм ящыщу нэхъ шынагъуэ дыдэу. Апхуэдэу абы бжьыпэр иIыгът хьэкIэкхъуэкIагъэ и лъэныкъуэкIи. ЗэпэщIэтхэм къагъэсэбэпырт сыт хуэдэ Iэмал бзаджэри. Химие Iэщэр япэ дыдэу щагъэунэхуари аращ. ЗауэлIхэм я закъуэтэкъым мафIэ лыгъэм хэтыр.  Абыхэм ящIыгъут псэущхьэхэри. Уегупсысмэ, абыхэм а зауэм къалэнышхуэ щагъэзэщIащ къыпхуэмылъытэным хуэдизу - цIыху минхэр кърагъэлащ, техникэр зыпэмылъэщынум  еувэлIащ, я гъащIи еблэжакъым пщэрылъ щащIахэр зэфIагъэкIын папщIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Тхыдэ