ЗэIущIэхэр

Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, ­КъБР-м и Прави­тельствэм и Уна­фэщI Мусуков Алийрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ ­кърихьэлIэу. ­КъулыкъущIэхэр теп­сэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэры­хъум, къуажэ щIыпIэхэр зэ­лъыIухыным, губгъуэ лэжьыгъэхэр зэрекIуэ­кIым. 

ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал санитар ­дохутыр Пагуэ Жыраслъэн лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Пагуэм 2023 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм, санитар-эпидемиологие щыты­кIэр зыхуэдэм щигъэгъуэзащ унафэщIыр. 

Дзэм ираджэнухэр

 ХъыбарегъащIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм къытIущIащ КъБР-м и дзэ комиссар Пахомов Дмитрийрэ зэухылIэныгъэ (контракт) щIыкIэм тету дзэм дашхэм я дэфтэрхэм щыхэплъэ IуэхущIапIэм и унафэщI Дмитриев Виталийрэ. 

Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ ще­кIуэкIащ «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм (КъБР-м и АСМО) и правленэм и зэIущIэ. Абы хэтащ IуэхущIапIэм и гъэзэщIакIуэ унафэщI Маслов Николай, ­КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм поли­тикэмрэ щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ IэнатIэхэм я IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI Хьэсанэ Аслъэн, а IуэхущIапIэм и чэнджэщэгъу Храмцов Алексей, зэгухьэныгъэм хэтхэр.

Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь

КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым иджыблагъэ иригъэ­­кIуэ­кIа зэIущIэм щытепсэлъы­хьащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и къэ­рал театрхэм я гугъуехь­хэм­рэ абыхэм зэрызрагъэужьыфыну Iэмалхэмрэ.

Къамылэжьам хэмыгъэIэбэн

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий иригъэкIуэкIащ хабзэм къемызэгъыу мылъку зрахьэлIэн папщIэ къагъэхъу щIэпхъаджагъэхэм япэщIэ­тынымкIэ гуп зэуIум и зэIущIэ. Абы видео-конференц IэмалкIэ хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ДэIэпыкъуэгъухэр сытым дежи хьэзырщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видео-конференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и штабым и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. Зэхуэсыр ­теухуат 2024 - 2025 гъэхэм Луганск, Донецк республикэхэм, Херсон, Запорожскэ областхэм я инфраструктурэр зэгъэпэщыжын зэрыхуейм. Къызэхуэсахэм зи гугъу ящIар лей къызытехьа щIыналъэхэм зэрадэIэпыкъу щIыкIэрщ. 

Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэм арэзы къещI

КъБР-м лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ Урысей Федерацэм мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий. Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ министрымрэ теп­сэлъыхьащ мэкъумэш-промышленнэ IэнатIэм адэкIи зэрызиужьынум, апхуэдэуи мэкъу­мэшыщIэхэм иратыну къэрал дэIэпыкъуныгъэхэм.

Мэкъумэш IэнатIэр я нэIэ щIэтщ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир лэжьыгъэ IуэхукIэ Ставрополь крайм щыIащ. Ар хуэзащ Урысейм и мэкъумэш ­IэнатIэр зезыхьэхэм икIи абы дяпэкIэ зэрызрагъэужьынум тепсэлъыхьащ. 

Къалэнхэр икIэщIыпIэкIэ ягъэбелджылынущ

КъБР-м Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм хэтхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ УФ-м и Президент Путин Владимир ФедерацэмкIэ Зэхуэ­сым Зэрызыхуигъэзам къы­хэща къалэнхэр зэрагъэзэ­щIэнум теухуауэ. 

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр