ЗэIущIэхэр

Урысейпсо видеозэIущIэм

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат фокIадэм и 15-м «Сколково» инновацэ IуэхущIапIэм къип­сэлъыкIыу иригъэкIуэкIа видеозэIущIэм ­хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Хамэ къэрал кIуэн папщIэ щIыхуэр зытригъэкIащ

 

Бахъсэндэс цIыхубзым и пхъум деж щиIэ алимент щIыхуэр ипшынащ хамэ къэралым  кIуэн и мурадыр къызэпымыудын папщIэ.

ЦIыхубзым, балигъ мыхъуа и пхъур ипIын зэрыхуейм ехьэлIа и къалэным зэман кIыхькIэ зыпыIуидзащ икIи  алименту сом мин 320-рэ зытригъэхьащ. 

Анэ  къалэнхэр абы игу къыщыкIыжар   хагъэзыхьа иужьщ - суд приставым  щIыхуэ зытелъым жриIащ ар Урысей Федерацэм икIыну хуит зэрамыщIым теухуа унафэ къызэращтар. Апхуэдэуи ямыгъэIэпхъуэ и мылъкур егъэтхыным ехьэлIа Iуэхури къыпаубыдащ.   

Гупсысэхэр фIымрэ зэгурыIуэныгъэмрэ хуагъэпс

Иужьрей зэманым ди республикэм и гъащIэм зэхъуэкIы­ныгъэфIхэр къыщыхъуащ. Абыхэм къызэщIаубыдэ псэу­ныгъэм и унэтIыныгъэ куэд. Псом хуэдэжкъым щIыналъэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм игъуэта зыужьыныгъэр. Апхуэдэхэм я лъабжьэщ УФ-м и Президентым илъэс зыбжанэ ипэкIэ къыхилъхьауэ щыта лъэпкъ проектхэмрэ абыхэм гуэдзэн яхуэхъуа федеральнэ, щIыналъэ программэхэмрэ. ЖыпIэнурамэ, республикэм и зы къали къуажи къэнауэ къыщIэкIынукъым къэрал унафэщIыр зи жэрдэмщIакIуэ хъуа IуэхугъуэфIхэр зылъэмыIэса.

Налшык ущIэкIуэ хъун щхьэусыгъуитху

          Налшык ущIэкIуэ хъун щхьэусыгъуэхэм язщ тылым и лэжьакIуэу, трактористу,  комбайнеру щыта си анэшхуэ Черепановэ  Софье Исаак и пхъум къысхуигъэна уэсятыр. Си нэгу къыщIоувэж розэхэмрэ псей щхъуантIэхэмрэ яхэту ар къызэрыгуфIыкI сурэтыр. «Налшык, 1967 гъэ», - жиIэу тетхат абы. Илъэс куэд хъуащ си анэшхуэр зэрызимыIэжрэ. Ауэ куэд щIауэ сызыщIэхъуэпс гуращэр «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалым и фIыгъэкIэ къызэхъулIащ.

Я къару псори ирахьэлIэнущ

Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­хьэщIащ Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ тIэунейрэ олимп чемпион, щэнейрэ дуней псом щытекIуа, Европэм плIэнейрэ и чемпион Власов Роман. Абы лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIэ дригъэкIуэкIащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Власовыр ди республикэм къэкIуащ 2016 гъэм екIуэкIа Олимп джэгухэм къыщыхэжаныкIа ди лъэпкъэгъу Джэду Iэниуар и гъусэу алыдж-урым, бэнэкIэ хуитхэмкIэ мастер-класс ягъэлъэ­гъуэну. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъам.

Сымаджэхэм я тхьэусыхафэхэм хоплъэ

Лышх узыфэр зыпкърыт сымаджэхэм ­ягъуэт дэIэпыкъуныгъэм и фIагъыр зыхуэдэм щытепсэлъыхьащ КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм и Жылагъуэ советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы хэтащ дохутырхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, республикэм и хабзэхъумэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм я лIыкIуэхэр. Зэхыхьэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм и деж щылажьэ, Сымаджэхэм я ­хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымкIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэт ХъуэкIуэн Тамарэ.

Махуэшхуэ зэIущIэхэр шынагъуэншэу

Налшык щекIуэкIащ Урысей гвардием и щIыналъэ управленэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-мрэ я зэIущIэ. Ар теу­хуат фокIадэм республикэм щызэхэтыну гуфIэгъуэ, фэ­еплъ Iуэхухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным. КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей иригъэкIуэкIа зэхуэсым хэтащ щIыналъэ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ я унафэщIхэр, ­къалэ администрацэм и лIыкIуэхэр.

Мамырыгъэрщ зыхуэунэтIар къалэн пыухыкIахэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яIущIащ Къэбэрдей-Балъ­къэрым и жылагъуэ, дин зэ­гухьэныгъэхэм я лIыкIуэу Хер­сон областым щыщ Ска­довск­ къалэм щыхьэщIауэ иджыблагъэ къэзыгъэзэжахэм. Делегацэр Херсон облас­тым кIуауэ щытащ Урысей Федерацэм и Къэрал ныпым и махуэр гъэлъэпIэным теухуауэ къы­зэрагъэпэща гуфIэгъуэ Iуэхухэм хэтын папщIэ.

КъБР-м и телъыджиблыр

Анкудиновэ Наталье Новосибирск областым къыщыдэкI «Тогучинская газета»-м и редактор нэхъыщхьэщ. «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалым хэту КъБР-м щилъэгъуахэм дунейпсо мыхьэнэ иIэу къелъытэ журналистым. Ауэ и Iуэтэжыр жыпхъэ къызэрымыкIуэм иригъэуващ. ДыщIэвгъэдэIут езы Наталье и псэлъэкIэм.

Псысэм ухэтым ещхьу

«Сыт сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сызэритхьэкъуфынур? Сэ къурш лъагэхэр, мэз Iувхэр, псыкъелъэхэмрэ зи гъунэм унэмыплъыс губгъуэхэмрэ зиIэ Адыгэ республикэм сыщыщщ!» - ахэр и гупсысэу «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалым къэкIуа, Красногвардейскэ къуажэм къыщыдэкI «Дружба» газетым и корреспондент Ковалевэ Иринэ и «шэрхъ репортажыр» Налшыкрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ хузэхилъхьа уэрэдым хэдэу, бзэ дахэкIэ итхыжащ. 

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр