|
ЗэIущIэхэр
14 декабря, 2023 - 12:01
Къэралым ис цIыхухэр псом нэхъыбэу зытегузэвыхьыр Урысейм Украинэм щригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхарщ. Абы теухуауэ Путин Владимир упщIэ иратащ пэшым щIэсхэми, фронтым щыIэхэми, эфир занщIэм тхэхэми. «ИлъэситI блэкIар дауэ екIуэкIа?», «Иджыпсту щытыкIэр сыт хуэдэ?», «ЕхъулIэныгъэ щыIэ?», «Дзэ Iуэху хэхам нэхъапэм и къалэну щытамрэ иджыреймрэ зы?», «Дапщэщ мамырыгъэ щыщыIэнур?». УпщIэ куэдым я жэуапу Путиным нэхъыщхьэу жиIахэм ящыщщ ди къэралым зыхуигъэувыжа мурадхэр къехъулIэмэ, мамыргъэри тепщэ зэрыхъунур.
14 декабря, 2023 - 11:20
Сыт щыгъуи Президентым псом япэу зэреупщIыр къэралым и экономикэ щытыкIэрщ. НобэкIэ дрипагэну сыт къэдэхъулIар? Абы и жэуапу Путин Владимир жиIащ къэралкIуэцI валовэ продукцэм и хэхъуэр мы гъэм и кIэм проценти 3,5-кIэ нэхъыбэ зэрыхъунур.
14 декабря, 2023 - 11:15
Федеральнэ канал нэхъыщхьэхэмкIэ, социальнэ сетьхэмкIэ екIуэкI теленэтын занщIэмкIэ Президентым къыхурагъэхьа, кърат упщIэхэм жэуап ярет. Псоми нобэ жэуап ямыгъуэтми, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр Путиным эфир занщIэм щызэпкърихынущ, адрей псори зи къалэнхэм пщэрылъ ящищIынурэ цIыхубэм ягу зыхуэныкъуэхэр ягъэзэкIуэжынущ.
14 декабря, 2023 - 11:08
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и пресс-конференцэ иным щIидзащ. «Илъэсым кърикIуахэр Путин Владимир и гъусэу» зыфIаща Iуэхур мы гъэм пресс-конференцэрэ теленэтын занщIэу зэхэтщ. Мы дакъикъэхэм къэралым и цIыхухэм Президентыр йопсалъэ Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ: зэIущIэм кърихьэлIа журналистхэм, телевидением и IэмалхэмкIэ зыкъыхуэзыгъазэхэм, социальнэ сетьхэмкIэ къатхэхэм, нэхъ пасэу зи упщIэхэр къезыгъэхьахэм жэуап убгъуа ярет Путиным.
11 декабря, 2023 - 09:35
ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щекIуэкIащ цIыхубэ макъамэхэмкIэ II лъэпкъыбэ фестивалыр.
Фестивалыр къыщызэIуахым ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым музыкэм и тхыдэмрэ теориемкIэ и кафедрэм и унафэщI, гъуазджэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат КIумыхъу Людмилэ къыхигъэщащ макъамэм и махуэшхуэ хъуа фестивалым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, абы цIыхушхуэ зэрызэхуишэсар. Пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ абы зыкъыщызыгъэлъэгъуахэмрэ ар ехъуэхъуащ ехъулIэныгъэрэ зыужьыныгъэрэ яIэну.
10 декабря, 2023 - 08:00
Мэзкуу щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Къэрал советым и комиссэу «Ухуэныгъэр, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэр, къалэ гъащIэр» унэтIыныгъэмкIэ комиссэмрэ Къэрал Думэм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и комитетымрэ я зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм видеоконференц жыпхъэм иту хэтащ КБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
10 декабря, 2023 - 07:05
«Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир 2024 гъэм екIуэкIыну Хэхыныгъэхэм хэтыну и кандидатурэр къызэригъэлъэгъуар хуабжьу гуапэ сщыхъуащ. Ди хэкум ис псоми хуэдэу, сэри быдэу си фIэщ мэхъу Урысейр иджыпсту зэрыт щытыкIэм абы и унафэщIу щытын хуейр зэрыарар, лъэпкъпсо пашэу тлъытэ Путин Владимирщ ди къэралым и щхьэхуитыныгъэр дяпэкIи зыгъэбыдэфынур, Хэкум и лъэщагъри шынагъуэншагъэри адэкIи къызэзыгъэпэщыфынур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ди Президентыр мы къэралым ифI зыхэлъхэр, лъэпкъхэм я зэIузэпэщыныгъэр сыт щыгъуи япэ изыгъэщ цIыхущ.
10 декабря, 2023 - 05:37
Дыгъэгъазэм и 7-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, хабзэ дахэ зэрыхъуауэ, «Эфир занщIэкIэ» республикэм щыпсэухэмрэ журналистхэмрэ я упщIэхэм жэуап яритащ. ЗэIущIэр мы гъэм щекIуэкIащ КъБР-м и илъэси 100-м и щIыхькIэ яухуа жыг хадэ цIыкIум ит павильоным.
9 декабря, 2023 - 12:53
«Урысей» лъэпкъыбэ гъэлъэгъуэныгъэм хыхьэу лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Беларусь Республикэм ИнформацэмкIэ и министр Перцов Владимиррэ.
9 декабря, 2023 - 12:44
«Урысей» лъэпкъыбэ гъэлъэгъуэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэхэр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу щагъэлъагъуэ.
Страницы
|