ЗэIущIэхэр

Зэпыу имыIэу

 Урысей Правительствэм и УнафэщIым и къуэ­дзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ видео­конференц IэмалкIэ иригъэкIуэкIащ УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэхуэс. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ЩIалэгъуалэм дежкIэ IэмалыфI

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яIущIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и ЩIалэгъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтхэм. Зэхуэсым щагъэбелджылащ гулъытэ зыхуащIыпхъэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр.

Тхыдэр зи къежьапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъэ­пIащ «СССР-р къэрал лъэщщ» дунейпсо сабий творческэ зэхьэзэхуэм щыте­кIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Зэ­пеуэр УФ-м и Коммунист партым и комитет нэхъыщхьэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщат Совет Социалист Республикэхэм я Союзыр къызэрыунэхурэ 2022 гъэм илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ.

КъэкIуэнум хуэгъэза псалъэмакъ

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэщIэдзэ махуэм ди къэралым и Президент Путин Владимир Москва областым хиубыдэ Солнечногорск къалэм щыIэ «Сенеж» егъэджэныгъэ центрым щыхуэзащ УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм я еджакIуэ нэхъыфIхэм, олимпиадэхэмрэ нэгъуэщI зэпеуэхэмрэ щIэныгъэ куурэ зэфIэкI лъагэрэ къыщызыгъэлъэгъуа ныбжьыщIэхэм. 

Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр

КъБР-м и Правительствэм и Унэм ще­кIуэкIащ «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэр. Абы республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щахуэзащ ди районхэм, къалэхэм я пашэхэм. 

НэхъыфIыжу дылэжьэн хуейуэ аркъудейщ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Стратегие зыу­жьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ чэнджэщакIуэ гупым я зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзо­къуэ Мухьэмэд, КъБР-м и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и Правительствэм хэтхэр, федеральнэ мыхьэнэ зиIэ щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр, щIыпIэ самоуправленэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр. 

Мы гъэм щIадзэнущ

ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм хэтхэм я зэIущIэу УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иригъэ­кIуэкIам хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Куэд къызэщIаубыдэ

Урысейм и Мэкъумэш банкым и унафэщIым и къуэдзэ Константинов Денисрэ а банкым КИФЩI-м щиIэ IуэхущIапIэм и лIыкIуэ Филимонов Георгийрэ КъБР-м и Iэ­тащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ.

ЯлъэгъуахэмкIэ арэзыщ

Ди республикэм мы махуэхэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Алмазов В. А. и цIэр зезыхьэ, Лъэпкъ медицинэ къэхутэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр. Абыхэм зыщагъэгъуэзащ ­Кардиодиспансерым, Республикэ клиникэ сы­маджэщым, къалэ поликлиникэ №1-м, 2-м, Iуащхьэмахуэ, Прохладнэ район сымаджэщ­хэм гу-лъынтхуэ узыфэхэм зэрыщеIэ­зэм, а унэтIыныгъэмкIэ я Iуэхур зэрызэтеублам.

Къалэн псоми пэлъэщынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ видеоконференц IэмалкIэ екIуэкIа, УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэу­жьы­нымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэхуэсым. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, федеральнэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум. 

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр