Бетыгъуэн Исмэхьил «Илъэсым и усакIуэ» цIэр къыфIащ

ЕхъулIэныгъэ

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и агрономие факультетым и студент Бетыгъуэн Исмэхьил «2019 гъэм и усакIуэ» литературэ саугъэтыр зыхуагъэфэщахэм ящыщ хъуащ. ЩIалэщIэм и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр ихуащ Москва иджыблагъэ къыщыдэкIа «Илъэсым и усакIуэ» литературэ альманахым. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ КIурашын Заремэ.

ДЫЗЭРЫЩЫГЪУАЗЭЩИ, 2019 гъэр ди къэралым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм игъэувауэ щытащ Ахматовэ Аннэ и илъэсу. Абы ипкъ иткIэ къызэрагъэпэща зэпеуэт Бетыгъуэныр зыхэтар икIи нэхъыфIу къалъытахэм щахэхуар. Исмэхьил и усэхэр альманахым зэрихуам къищынэмыщIауэ, ахэр «Урыс усыгъэм и антологие-2019» тхылъым итынухэми ящыщ хъуащ. Абы и усэхэр ихуакIэщ Къэзан къыщыдэкI «Идел» журналым, тэтэрыбзэкIэ зэдзэкIауэ.
ФIыуэ зэреджэмрэ усэ тхыным зэрыдихьэхымрэ нэмыщI, Бетыгъуэныр жыджэру хэтщ ди республикэм щекIуэкI жылагъуэ-политикэ Iуэхухэм. Ар УФ-ми КъБР-ми я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, «Урысей зэкъуэт» партым хэтщ. Лъэпкъ щэнхабзэр хъумэным, ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр дэIыгъыным хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ Исмэхьил къратащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Абы и жэрдэмкIэ Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм къыщызэрагъэпэщащ икIи щолажьэ жылэм и ЩIалэгъуалэ администрацэ. Исмэхьил и пашэщ а администрацэм спортымрэ щэнхабзэмкIэ и къудамэм.
2019 гъэр апхуэдэ ехъулIэныгъэр иIэу кърихьэлIащ Бетыгъуэн Исмэхьил. Адыгэ усакIуэ ныбжьыщIэр ИлъэсыщIэм и пэщIэдзэм Москва ирагъэблэгъэнущ икIи къратынущ Ахматовэр къызэралъхурэ илъэси 130-рэ щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа медалыр.
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: