«ЦIыхум и хуитыныгъэхэр» дерсырИлъэс къэс ди къэралым и щIыпIэ псоми щокIуэкI «ЦIыхум и хуитыныгъэхэр» дерсыр. Ар ирагъэхьэлIэ ЦIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэным и дунейпсо махуэм. А Iуэхур я нэIэ щIэтщ Урысей Федерацэм цIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэу щыIэ Москальковэ Татьянэрэ УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министр Васильевэ Ольгэрэ. А Iуэхум хыхьэ дерсхэм ипэ къихуэу ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борисрэ цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхумкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуесрэ я нэIэм щIэту ди республикэм щекIуэкIащ цIыхум я хуитыныгъэхэр, я къалэнхэр къагурыгъэIуэным хуэгъэпсауэ щыта семинархэр, зэпеуэхэр.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 16:00 →
ЩIэщхъуитI
25.04.2024 - 14:33 →
Iус зэхэлъым къыщIэупщIэм хохъуэ
25.04.2024 - 13:00 →
Хэкур фIыуэ лъагъуным хуаущий
25.04.2024 - 11:30 →
IэнатIэм зеужь
25.04.2024 - 10:04 →
Зэныбжьэгъугъэм и щыхьэт
|